ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ

 «Франджыбзэ къабзэкIэ яхурикъуащ» - а псалъэухам пхуигъэхуэнущ цIыхубэр мы махуэхэм зытепсэлъыхь Толстой Пётр хужаIэр. «Iуэхур зыIутыр иджыщ къыщыдгурыIуар», - къоIукI щIалэм ита интервьюр щагъэлъэгъуа Париж. КъулыкъущIэхэми журналистхэми дзыхь хуамыщIыщэу еса цIыхухэр, шэч хэмылъу, къигъэуIэбжьащ урыс депутатым и франджыбзэ шэрыуэми, и хьэл зэпIэзэрытми, фэрыщIыгъэншэу хэкулI-хэкупсэу къызэрыщIэкIами.

Толстой Пётр Урысейм и Къэрал Думэм и УнафэщIым и къуэдзэщ. Илъэс куэдкIэ телевиденэм щылэжьа, иужькIэ «Урысей зэкъуэт» партым къыбгъэдэкIыу депутат хъуа щIалэр дуней псом щыцIэрыIуэ Толстой Лев и къуэпсым къытепщIыкIыжащ. И цIэ къыщIитIуэн хуей хъуа щхьэусыгъуэр иджыблагъэ Пётр Париж щылажьэ телеканалхэм я зым франджыбзэкIэ интервью зэрыритарщ. BFM TV каналым и журналистищ зым и ужь адрейр къиувэурэ къыщыпэщIэтащ Толстойм эфир занщIэм. ЩIалэм увыIэгъуэ имыIэу къытрагъэлъалъэрт къэралыр зэрагъэкъуаншэ псори. «Урысейр украинэ цIыхубэм еныкъуэкъуркъым. Дэ дызыпэщIэтыр ди Хэкум и зы Iыхьэу къэтлъытэ украин щIыналъэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр зыIэщIэкIуадэ, мурадыфI зимыIэ тетыгъуэ щIэпхъаджэрщ, - яжриIащ депутатым журналистхэм. - Украинэм Iэщэ хуевгъэшэн щывгъэтыху, мы зэрыхьзэрийр екIуэкIынущ. А фи дэIэпыкъукIэ пхэнжым и уасэри фэ езым фыпшыныжынущ, тхьэмахуэм зэ фIэкIа псы зыдэвмыгъэжэхыфу, фи ерыскъы уасэхэр дэуейуэ, фи псэукIэр кIуэ пэтми гугъусыгъу зэрыхъунумкIэ».

Франджы журналистхэр щIэмыупщIэу къэнакъым нобэ Iуэхур зыIутымкIи. «Урысейм къару зэрыхуримыкъур нэрылъагъущ», - жиIэу зыкъыхуэзыгъэзам, Толстой Пётр жриIащ: «Япэрауэ, Урысейр ядернэ Iэщэ зиIэ къэралщ. Ядернэ Iэщэ зиIэхэр зауэм щыхилъафэу зэи къэхъуакъым. ЕтIуанэрауэ, зыщывмыгъэгъупщэ, Урысейр зэрыкъэралышхуэр. Дэ тIэунейрэ Европэм дыпэщIэтащ. Япэрей зауэр Париж щиухащ, етIуанэр - Берлин. Иджыпстуи Киев дызэрынэсынум шэч къытевмыхьэ».

Толстой Пётр илъэс 53-рэ мэхъу. Журналист цIэрыIуэ хъун гуращэ иIэу къыдэкIуэтея щIалэм Мэзкуу дэт къэрал университетыр къимыух щIыкIэ, Урысейм щыIэ «Монд» франджы газетым и къудамэм лэжьэн щыщIидзауэ щытащ. ИужькIэ «Франс-Пресс» IуэхущIапIэми щылэжьащ, Парижрэ Мэзкуурэ я зэхуакум дэту. И франджыбзэ шэрыуэр къыздикIар аращ. «Толстой унэцIэр зезыхьэ псоми ещхьу, франджыбзэм хуэIэзэщ», - жаIэ лъэныкъуэкIэ къаплъэхэми. Урысей къэрал телевиденэм щикIуа гъуэгуанэр япэ каналым нихуса иужь, адрей проект куэдым къадэкIуэу, «Толстой. Воскресенье» нэтыныр иригъэкIуэкIыу щытащ Пётр. 2016 гъэм щегъэжьауэ политикэм хэтщ.

ЩIалэр фэдгъэцIыхуну мурад щIэтщIар «лIэужьыр бжьиблкIэ мауэ» псалъэжьым гурыIуэгъуэ ещI. Пётр и Iуэху еплъыкIэр ууейм техуэн-темыхуэным емылъытауэ, зэрыцIыху гъэсари, щIэныгъэ куу зэрыбгъэдэлъри, и адэшхуэ цIэрыIуэм зэрыхуэфащэри наIуэщ. Эфир занщIэм кIэлъыплъа франджыхэм я зым гу зылъитам и закъуэ урикъунщ: «Феплъыт а щIалэм хэлъ гъэсэныгъэм. Зэпаудыху псэлъэн щегъэт, къедауэм жиIэр нимыгъэсауэ, жэуап иритын щIидзэркъым». ЕкIуэкIа псалъэмакъыр зэдауэ пэтми, урыс депутатым и зыIыгъыкIэми, и гупсысэм лъабжьэ куу зэриIэми, и къэралым и пщIэр ягъэпудыну зэрахуимыдэри хабзэ зэрыхэлъымкIэ къищэхужащ, зэпсалъэхэм пщIэ зэрахуищIри къыпкърыщу, и гупсысэр здынигъэсыпхъэм нигъэсащ. «Иджыпсту Украинэм Iэщэ егъэшэн хуейуэ унафэ пхэнж пхызыгъэкI фи политикхэр тхыдэм и къуэгъэнапIэм къыкъуэнэнурэ, абыхэм я пIэ къиувэнухэр Урысейм зэгурыIуэныгъэ иращIылIэн папщIэ, я чэзум ежьэу Мэзкуу деж къыщызэхэувэнущ», - яжриIащ Толстойм и ныкъуэкъуэгъухэм. Европей Союзымрэ Америкэмрэ Украинэм интернет Iэмал нэхъ ехьэжьахэр иратурэ, урысыдзэм спутник IэмалкIэ ирагъэзауэ. А Iэмалыр IэщIагъэкIын щхьэкIэщ ракетэхэмкIэ инфраструктурэм щIебгъэрыкIуэр, я уэздыгъэхэр щIагъэункIыфIыр. «Украинэр XVIII лIэщIыгъуэм къыщыхутэжынущ», - зэрыжиIам аращ къригъэкIар Пётр.

«Украинхэр урысхэм я лъэпкъэгъущ, Ленинымрэ Сталинымрэ картэр нэгъуэщIу зэрыратхъам, ахэр хамэ лъэпкъ ищIыркъым. Сэ езыр сыукраин ныкъуэщ. Си адэшхуэр Киев къыщалъхуащ икIи сыарэзыкъым ар бийхэм яIэщIыхьэну», - и гупсысэм яхутекIакъым Пётр.

ЦIыхур кърипцIыхуну, дауи, зы интервью закъуэр мащIэщ. Дызытепсэлъыхь щIалэм и гурылъхэр нэхъ наIуэ къыщохъу «Фома» журналым жриIахэм:

«Толстой (зи гугъу ищIыр тхакIуэ Толстой Левщ) гъащIэшхуэ къигъэщIащ, и дуней еплъыкIэми куэдрэ зихъуэжащ. Ауэ зызымыхъуэжу зы сыт щыгъуи къыхощ абы и гупсысэкIэм. Ар цIыхур, гува-щIэхами, и закъуэу Тхьэм и пащхьэ зэрихьэжынырщ. И Iыхьлыи благъи имыгъусэу. ТхакIуэм зэи и щхьэр къигъэпцIэжыртэкъым. Уеблэмэ щыщыуэхэм дежи и фIэщт. Иджырей цIыхум игу илъ дыдэр наIуэ къищIыну мэшынэ, мыфэрыщIыфмэ, къарууншафэ зреплъыж. «СыфIщ! Псори тэмэмщ!» - жиIэну и къалэну къыщохъу, гузэвэгъуэ дыдэ ишэчу щытми. ЦIыху гу къабзэр сабийм хуэдэщ. Балигъ хъуа цIыхухэм я нэхъыбэм заужьын щагъэт. Мис, сэ мыпхуэдэу сыщытщи, зысхъуэжыфынукъым, жыхуаIэу. Толстой апхуэдэтэкъым. Ар зимыгъэхъейуэ зы пIэм имыжыхьыф цIыхут, сытым дежи зыгуэрым зригъэсэну, зыщIэгупсыжыну хьэзыру, адрейхэри а лъэныкъуэмкIэ иунэтIу».

Ди щIэджыкIакIуэхэми яфIэщIэщыгъуэну къытщохъу зи Хэкур фIыуэ зылъагъужыф Толстой Пётри абы и адэшхуэ цIэрыIуэм и гъащIэ къэщтэкIэри. Сыт нэхъри нэхъ гъэщIэгъуэнщ а зы лъабжьэм и къуэпситIыр зэлъэIэсу къызэрыгъуэгурыкIуэр.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: