ГъэтIылъыгъэхр къахуощхьэпэж

УФ-м и Президент Путин Владимир Iэ тридза иужь къару игъуэтащ 2023-м и федеральнэ бюджетымкIэ Законым. Ар псори зэхэту зы тIэкIу щIигъущ сом триллион 29-рэ мэхъу.
Зэрыщыту къапщтэмэ, бюджетым хэщIхэр проценти 5,5-кIэ нэхъыбэнущ хэхъуэхэм нэхърэ. Ар и щыхьэтщ зэхущытыкIэщIэхэр къалъыхъуэн зэрыхуейм. Зэуэ уолъагъу бюджетыр зэрыкъузар, ауэ ахъшэу хуаутIыпщыр зыхущIагъухэри щыIэщ.

Япэ дыдэ игъэщын хуейр зыхъумэжыныгъэрщ. А Iуэхум проценти 6,5-кIэ нэхъыбэ хуаутIыпщащ. Ар къызыхэкIри гурыIуэгъуэш. АдэкIэ УФ-м и Iэтащхьэм къигъэувауэ щытащ цIыхухэм яIэрыхьэ хэхъуэхэр яIэтыну. Ар ягъэзащIэ: псэуныгъэм егъэщIылIа политикэр пхыгъэкIыным дызыхуэкIуэ илъэсым процент I3,4-кIэ нэхъыбэ трагъэкIуэдэнущ. Иужь зэманым куэд топсэлъыхь егъэджэныгъэ IэнатIэм щызекIуэ мыхъумыщIагъэхэм. Ар зэхаха хуэдэщ: 2023 гъэм абы хухахынущ сом трилионрэ мелард 393-рэ.
Адрей псоми я бгырыпххэр щIакъузэн хуей хъунущ. Языныкъуэхэм уеблэмэ, ткIийуэ. Мыбдеж къыщыдгъэлъэгъуэнщ къулыкъущIэхэр езыхэри зэрызыщымысхьыжар: къэрал IуэхущIапIэхэр Iыгъыным хухахар мы гъэм елъытауэ процент 24-кIэ нэхъ мащIэщ. Апхуэдэу ягъэлъэхъшэнущ узыншагъэр хъумэным (проценти 2-кIэ), ЖКХ (проценти 6,3-кIэ. экологием (проценти 3,7-кIэ), щэнхабзэм (проценти 3,9-кIэ), спортым (процент 24-кIэ) мылъкуу трагъэкIуадэхэр. Нэхъ куууэ хилъэфахэм ящыщщ цIыхухэм хъыбар зэрырагъащIэ IэнатIэри. А лъысынур мы гъэм елъытауэ проценти 3-кIэ нэхъ мащIэщ. Аращи, дызыщыгуфIыкIын тлъагъуркъым…
Езы бюджетым и ахъшэ къыхэкIыпIэхэм захъуэж. Нэхъапэхэм хуэдэу щIыдагъэмрэ газымрэ хэхъуэшхуэ къыдатыжынукъым. Аращи, налогхэр къызэрыхах щIыкIэр ягъэткIиинущ, ахэр нэхъыбэ ящIын папщIэ IэмалыщIэхэр къагупсысынущ. ИкIи, дауи, мыбдеж зэрыщехъулIэжари шэч хэлъкъым. Пэжу, налогхэм хамыгъахъуэу ахэр ятыну хуэмейхэм нэхъ ткIийуэ бгъэдыхьэмэ. Нэхъ тэрэзу къыщалъытэ езы ФНС-м.
АрщхьэкIэ, дэ зэрытщIэщи, Урысейм щIыдагъэу нэгъуэщI къэралхэм ярищэм къыщIихым и процент 42-рт иджыри къэс бюджетым халъхьэр. ИщхьэкIэ щыIэ ахъшэ псори ЦIыхубэм зэIузэпэщ псэукIэ иIэнымкIэ фондым кIуэрт. Мы зэманым ар сом триллион II-м щIигъуащ. Абы и фейдэ дэ тлъагъуртэкъым:«сыт зэIузэпэщ псэукIэр»? ФинансхэмкIэ министерствэм ар зэхуихьэсырт щытыкIэ гугъу къэралыр ихуэмэ щIэгъэкъуэн къищIын мурадкIэ. Иджы апхуэдэ щытыкIэ къыкъуэкIагъэнущ: дызыхуэкIуэ илъэсым а гъэтIылъыгъэхэм щыщ Iыхьэ, нэгъуэщIхэр къыкIэлъыкIуэ гъэхэм къагъэсэбэпынущ. 2023 гъэм и кIэухым фондым щыщу къэнэжынур сом триллиони 6-щ.
 Абы къыдэкIуэу Правитльтвэм и мурадщ Урысейми нэгъуэщI къэралхэми я инвесторхэм щIыхуэ къаIихыну. Апхуэдэ мурадкIэ облигацэхэр къыдигъэкIынущ. Псори зэхэту сом триллион I,5-2- зэхуихьэсын и гугъэщ. Дауи, щIыхуэ къэпщтэну щIагъуэкъым, ауэ ар апхуэдизуи инкъым: зызыужьа къэралхэм ар куэдкIэ щынэхъыбэщ. Къапщтэмэ, США-м телъ къэрал щIыхуэр доллар триллион 3I-м нызэрохьэс. Ауэ ар къызыIиха Дунейпсо валютэ фондыр езым ей хуэдэщи, гузавэркъым. Ди деж Iуэхур щынэгъуэщIщ. ЖытIэнщи къэрал щIыхуэр пшыныжыным 2023 гъэм Урысейм ахъшэу тригъэкIуэдэнущ сом триллионрэ мелард 5I9-рэ. Ар мы гъэм елъытауэ проценти 8,9-кIэ нэхъыбэщ.
 Дызыхыхьа илъэсым и бюджетым дэ нэхъ гуапэу хэтлъагъуэр псэуныгъэм егъэщIылIа Iуэхухэмрэ егъэджэныгъэ IэнатIэмрэ хуаутIыпщ ахъшэм зэрыхагъахъуэрщ.

Поделиться: