Махуэшхуэхэр шынагъуэншэу екIуэкIын папщIэ

КъБР-м щыIэ Урысей гвардием и управленэм щызэхэтащ оперативнэ штабым и зэIущIэ. Ар теухуауэ щытащ ИлъэсыщIэ махуэшхуэ зэхыхьэхэр щекIуэкIкIэ хабзэмрэ жылагъуэ шынагъуэншагъэмрэ къызэгъэпэщыным.
Урысей гвардием и республикэ управленэм и унафэщI, полицэм и полковник Васильев Сергей и унафэм щIэту екIуэкIа зэхуэсым хэтащ щIыналъэ управленэм и лэжьакIуэхэмрэ дзэ къулыкъущIэхэмрэ, КъБР-м щыIэ МВД-м, ЩэнхабзэмкIэ министерствэмрэ Налшык къалэ администрацэмрэ я лIыкIуэхэр.
Къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ илъэсыщIэ махуэшхуэхэм хабзэхъумэхэр зэрыплъырыну щIыкIэм. ЗэIущIэм зыщытепсэлъыхьахэм япкъ иткIэ Урысей гвардием и щIыналъэ Управленэм и IэнатIэхэм я командирхэмрэ унафэщIхэмрэ я къалэн къадэкIуэу, пщэрылъ щхьэхуэхэри хуащIащ.

ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.
Поделиться: