ИлъэсыщIэ гулъытэ

 

ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм  и лэжьакIуэхэмрэ дзэ къулыкъущIэхэмрэ  егуэпащ унагъуэшхуэхэмрэ я щыIэкIэ-псэукIэкIэ нэхъ хуэмыщIахэмрэ

Росгвардейцхэм  абыхэм иратащ ерыскъыхэкIхэр,  Iэмал имыIэу       зыхуеину хьэпшыпхэр, сабийхэм папщIэ IэфIыкIэхэр.  

- Мыхьэнэшхуэ иIэщ   гугъу ехь    цIыхухэм  защIэгъэкъуэнымрэ абыхэм гулъытэр зыхащIэнымрэ.   Къедгъэблагъэ ИлъэсыщIэм  дэ тщыщ дэтхэнэм дежкIи гуапэщ    я хуабагъэмкIэ къыддэгуэшэну хьэзырхэр  зэрыщыIэр.   Сыщогугъ ди тыгъэхэм сабийхэри абыхэм я      адэ-анэхэри  ягъэгуфIэну,  я гукъыдэжыр къиIэтыну,- жиIащ Росгвардием и щIыналъэ управленэм  дзэ-политикэ лэжьыгъэмкIэ и къудамэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Тубай Аслъэн.     

 

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: