НыбжьыщIэхэм я зэхэщIыкIым зрагъэужь

Школ хъыбархэр

КъытщIэхъуэ щIэблэр узыншэу, гупсысэ къабзэрэ дуней еплъыкIэ екIурэ яIэу къэгъэтэджыным гулъытэшхуэ щигъуэт зэманщ иджыпсту. А мурадыр я лэжьыгъэм щынэхъыщхьэхэм ящыщу щагъуэв къэрал IэнатIэ куэдым, жылагъуэ зэгухьэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм.

Апхуэдэ Iуэхугъуэм хуэунэтIа зэIущIэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Шэрэдж районым хыхьэ Джэрпэджэж къуажэм дэт курыт школым. «НыбжьыщIэхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ» фIэщыгъэр иIэу Урысей МВД-м иригъэкIуэкI лэжьыгъэм къызэщиубыдэхэм хыхьэ а зэхуэсыр хуэунэтIауэ щытащ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ наркотикым демыгъэхьэным, абы зыпыIуегъэдзыным. А мурадхэращ яIар Урысей МВД-м Шэрэдж щIыналъэм щиIэ къудамэм и IэщIагъэлIхэр зи цIэр къитIуа жылэм дэт курыт школым и класс нэхъыжьхэм щеджэхэм щахуэзам. Абыхэм ныбжьыщIэхэм драгъэкIуэкIащ ахэр наркотикым демыгъэхьэным, щIэпхъаджагъэхэр емыгъэлэжьыным ятеухуа псалъэмакъ щхьэпэхэр. Лэжьыгъэм жыджэру хэтащ курыт школым и егъэджакIуэхэри абы и унафэщIхэри.

Полицейхэм школакIуэхэм гурагъэIуащ наркотикхэм Iэпкълъэпкъым зэраныгъэу ирахыр къыпхуэмылъытэным хуэдизу зэрыиныр, ныбжьыщIэхэм я узыншагъэр абыхэм зэрызэтракъутэр. Апхуэдэу хабзэхъумэ лэжьакIуэхэр шэщIауэ тепсэлъыхьащ наркотикхэр, цIыхум и псантхуэм зэран хуэхъу нэгъуэщI пкъыгъуэхэр зэхьэлIэным, ахэр хъумэным, зегъэкIуэным пылъ административнэ, уголовнэ жэуапхэр зэрыткIийм.

НыбжьыщIэхэм яфIэхьэлэмэтт зэIущIэхэм къыщаIэт Iуэхугъуэ псори. Абыхэм ята упщIэхэм жэуап зэпкърыхахэр щагъуэтащ зэхуэсхэм.

Хабзэхъумэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм ныбжьыщIэхэр къыхураджащ псэукIэ узыншэ ирагъэкIуэкIыну, физкультурэмрэ спортымрэ гулъытэ нэхъыбэ хуащIыну, апхуэдэу ехъуэхъуащ еджэныгъэм ехъулIэныгъэ лъагэхэр щызыIэрагъэхьэну. ШколакIуэхэм хьэщIэхэр къагъэгугъащ кърата чэнджэщхэм тетыну икIи къыдрагъэкIуэкIа псалъэмакъ щхьэпэхэм папщIэ абыхэм фIыщIэ ин хуащIащ.

«НыбжьыщIэхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ» урысейпсо акцэм къриубыдэ апхуэдэ лэжьыгъэхэр зэпыу имыIэу щрагъэкIуэкI ди республикэм хыхьэ адрей щIыналъэхэм щылажьэ курыт еджапIэхэми.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: