Генерал-майор Бахъсэн ХьэсаншЛъэпкъ лIыхъужь Дыгулыбгъуей къуажэм езым и тхыдэ гъэщIэгъуэн иIэжщ. Абы къикIуа гъуэгуанэм дриплъэжмэ, и пщIэр зыIэт, щIэблэм я щапхъэ, адыгэ лъэпкъым, республикэм хуэщхьэпэ цIыху телъыджэ куэд къыдэкIащ. Абыхэм ящыщщ Хэкум псэемыблэжу къулыкъу хуэзыщIа генерал-майор Бахъсэн Хьэсанш. ЦIыхур къалъху, дунейм къытохьэ, насыпыфIэу псэун, и лъэпкъ къуэпсым къыпищэн папщIэ. Дыгулыбгъуей къуажэм щыщхэу Бахъсэнхэ Барэсбийрэ Нафисэтрэ я унагъуэм 1959 гъэм къихъуа, Хьэсанш зыфIаща щIалэ цIыкIур насыпыфIэ хъуныр я хъуэпсапIэт… Адэ-анэр хуейт я хъыджэбзхэм япэ ирагъэщ я къуэр сыт щыгъуи ящIыгъуну. Хьэсанш ар къыгурыIуэрти, адэм и чэнджэщкIэ курыт еджапIэ нэужьым Бахъсэн дэт профтехучилищэм щIэтIысхьащ, илъэс дэкIри, КъБКъУ-м и физико-математикэ къудамэм и студент хъуащ. Къэзылъхуахэм я жагъуэ имыщIмэ нэхъ къищтэми, Хьэсанш и сабиигъуэ лъандэрэ и хъуэпсапIэмкIэ икIэм-икIэжым иунэтIыжащ - ар щIэтIысхьащ Орджоникидзе къалэм дэт дзэ еджапIэ нэхъыщхьэм. Я щIалэм и мурадыр адэ-анэм даIыгъащ. Хьэсанш икъукIэ цIыху гурыхуэт, жант, гумызагъэт. А псом гу лъамытэу къэнакъым - щIалэщIэм сыт хуэдэ къалэнри дзыхь къыхуащIырт, езыми ахэр игъэпэжырт. ЦIыхур лIыхъужьу къалъхуркъым, атIэ ар абы хуэкIуэу аращ. 1981 гъэм дзэ еджапIэр къиухри, лейтенант щIалэм и офицер гъуэгуанэм Ростов областым хыхьэ Новочеркасск къалэм щыщIидзащ. ИлъэситI дэкIри, ар лейтенант нэхъыжь хъуащ, къыкIэлъыкIуэ илъэситIым капитаным нэсащ. Апхуэдэурэ Хьэсанш Кавказ Ищхъэрэ дзэ округым и епщыкIуплIанэ танк дивизэм и пулемёт взводым и командир къулыкъур пщэрылъ къыщащIащ. Афган зауэр къыщыхъейм, майорым нэса щIалэр абы ягъэкIуащ. Афганистан щIыналъэм щекIуэкIа зауэр абы и нэгу щIэкIащ, игъэващ и пэм къыщыщIэдзауэ и кIэм нэсыху. Ар хэтащ Кабул, Къундуз, нэгъуэщI щIыпIэхэм щекIуэкIа зауэ гуащIэхэм. ТIасхъэщIэххэм, апхуэдэуи десант-ебгъэрыкIуэ батальоным я командиру щыта щIалэм зэкъым и сэлэтхэр бийм къиухъуреихьа щIыпIэм къызэрыришар. 1985 гъэм щыщIэдзауэ 1987 гъэм нэсыху Хьэсанш къулыкъу щищIащ Джелалабад къалэм. И псэ емыблэжу и къулыкъум зэрыпэрытым, лIыгъэукъигъэлъагъуэм къыпэкIуэу Вагъуэ Плъыжь ордену тIу къыхуагъэфэщащ. 1988 -1989 гъэхэм Бахъсэным тIасхъэщIэх ротэм и унафэщIу Душанбе къалэм къулыкъу щищIащ. ИужькIэ ар штабым и Iэтащхьэ хъуащ. 1992 гъэм Хьэсанш «Зэрихьа лIыгъэм папщIэ» орденыр къратащ. ИужькIэ генерал дамэтелъхэр къыхуагъэфэщащ. Бахъсэным Таджикистанми щигъэлъэгъуащ и хахуагъэмрэ дзэ Iуэхум фIыуэ зэрыхищIыкIымрэ. Урысейм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я Штаб нэхъыщхьэм и Дзэ академиер къиуха нэужь, Бахъсэныр Хабаровск ягъэкIуащ. Ар КъуэкIыпIэ Жыжьэм щыIэ дзэ округым и 130-нэ пулемёт-топгъауэ дивизэм и унафэщI хъуащ. Иджы генерал-майорым нэса адыгэ щIалэм и жыIэм щIэтт сэлэтрэ офицеру мин 15-м нэблагъэ… Куэд игъэващ а генерал щIалэм. Афган зауэм, Таджикистаным къыщыхъуа къаугъэхэм щигъуэта уIэгъэ 12 зи щIыфэм телъ лIыхъужьыр итIанэми жыджэрт. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, генерал-майорым нэсыху къулыкъу зыщIа Бахъсэн Хьэсанш къыхуиухар гъащIэ мащIэт. И ныбжьыр илъэс 49-м иту ар 2008 гъэм дунейм ехыжащ. Къыпэплъэр и псэм ищIагъэнкIи мэхъу абы. И иужьрей махуэхэр къэсыным и пэкIэ ар къэзылъхуахэм я деж кIуэжри щыхьэщIат. Сызэрыгушхуэ си къуажэгъур «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэми къыщIыхьат. Бахъсэн Хьэсанш лъэпкъым зэи щымыгъупщэн лIыхъужьщ. Апхуэдэ цIыхухэрщ гъащIэм и лъапIэныгъэр, и дахагъэр зыхъумэр. Абы и цIэр зэрехьэ Дыгулыбгъуей къуажэм и уэрам нэхъыщхьэхэм ящыщ зым.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
17.05.2024 - 17:37 →
ЗыплъыхьакIуэм и еплъыкIэ
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
|