Урысейм и МЧС-м Управленэу КъБР-м щиIэм и лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэмрэ яхуэгъэзауэ

Урысейм и МЧС-м и Управленэм и лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэмрэ сынывохъуэхъу КъегъэлакIуэхэм я махуэмкIэ.
КъегъэлакIуэр IэщIагъэ къудейкъым, ар псэм щыщу, а лэжьыгъэ мытыншым укъыхуигъэщIауэ щытын хуейщ. Апхуэдэ IэщIагъэм тегушхуэхэр гъащIэм ипсыхьа, лIыгъэ зыхэлъ, шынагъуэм ерыщу пэщIэувэф цIыхущ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм ягъэунэхуащ МЧС-м и лэжьакIуэхэр зэрыжыджэрымрэ зэрыIэпсынщIэ-лъэпсынщIэмрэ, зыщымысхьыжу цIыхухэр ажалым зэрыщахъумэр. Iэзагъэрэ жэуаплыныгъэу фхэлъым, сыт хуэдэ насыпыншагъэми цIыхур къыхэфшыну фызэрыхуэхьэзырым папщIэ щытхъушхуэ фхуэфащэщ.
ФIыщIэ яхузощI къалэнхэмрэ IэщIагъэмрэ фыхуэпэжынымкIэ щапхъэ фхуэхъуа ветеранхэм. Быдэу си фIэщ мэхъу Урысей МЧС-м и щIыналъэ Управленэм щылажьэхэм адэкIи лIыгъэрэ хахуагъэрэ къэвгъэлъагъуэу фи къулыкъур зэрефхьэкIынур.
Узыншагъэ быдэрэ ехъулIэныгъэрэ фиIэну сынывохъуэхъу!
КIуэкIуэ Казбек.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ.

Поделиться: