Еджэныгъэ IэнатIэм хахуагъэ къыщызыгъэлъэгъуахэр

Нып плъыжьыр жьым дэхуарзэу зыщхьэщыт «Ударник» кинотеатрым къалэдэсхэр къыщызэхуэсат, Къэбэрдей уэрамыр яуфэбгъуат зауэлIхэмрэ партизанхэмрэ яуфэбгъуат. КъэпсэлъапIэм итт ВКП(б) -м и обкомым и секретархэу КIумыхъу Зубер, ФочыщIэ Iэбисал, КъБАССР-м и Совнаркомым и унафэщI Ахъуэхъу Хьэсэнбий, партизанхэм я гуп зэхагъэхьэжам и командир Царяпин Иван, отрядым и комиссар Къудей Чэрим сымэ, нэгъуэщIхэри. «ПэкIум къыщыпсэлъащ Ахъуэхъумрэ Царяпинымрэ икIи гушхуэныгъэ ин хэлъу унафэ ящIащ СССР-м и Дзэ зэщIэузэдахэм я унафэщI Сталин Иосиф тхыгъэ хуагъэхьыну», - дыкъыщоджэ Бгъэжьнокъуэм и гукъэкIыжхэм
ЩIышылэм и 6-м Дзэ Плъыжьым и зауэлIхэм щхьэхуит къащIыжащ Бахъсэн, Зеикъуэ, Абзуанхьэблэрэ Къуэнхьэблэрэ, Ашэбей, щIышылэм и II-м Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэрыщыту нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ.
Ди лъахэгъухэр къапщтэмэ, Совет Союзым и цIыхубэ псоми хуэдэу, Хэкум зауэ къезыщIылIахэмкIэ леймыгъэгъут, щIыналъэр нэхъ щIэхыу бийм къызэрыIэщIагъэкIыжыным дэтхэнэми хузэфIэкI хилъхьэу цIыхухэр зэкъуэуват. Абы щыхьэт техъуэхэм ящыщ зыщ 2-нэ гвардейскэ дивизэм и унафэщIым и къуэдзэ Пилипенкэ КъБАССР-м и обкомым и япэ секретарь КIумыхъу Зубер къыхуитха письмор. «ФIэхъус изох узипашэ лъэпкъ хахуэм! - дыкъыщоджэ тхыгъэм.
- Дэ игъащIэкIи тщыгъупщэнукъым фи республикэм, абы щыпсэу цIыху гуащIафIэхэм ди зауэлIхэм къыхуащIамрэ лъэкI къимыгъанэу къызэрыдэIэпыкъуамрэ. Хэкур гугъуехь щыхэт лъэхъэнэ хьэлъэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэуващ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм я натIэр зэгуэзыуда къыр дзакIэ быдэу. Фи лъахэм щыпсэу цIыху щхьэмыгъазэхэм я фIыгъэкIэ наIуэ къэхъуащ нэмыцэдзэм къытекIуэн щымыIэу ягъэхъыбархэр зэрыпцIыр. Ди зауэлIхэр ирогушхуэ республикэри абы и къалащхьэ Налшыки бийм къызэрыIэщIагъэкIыжыфам, лъахэм щыпсэу цIыхухэми щIыналъэ унафэщIхэми абы я фIыщIэ мымащIэу зэрыхэлъри зыщагъэгъупщэркъым.
ЩIышылэм и 6-м 2-нэ гвардейскэ дивизэм и зауэлIхэм апхуэдэу хуит къащIыжащ 1942 гъэм жэпуэгъуэм и 27 лъандэрэ фашист зэрыпхъуакIуэхэм яIыгъа Зеикъуэ къуажэри. Илъэс ныкъуэм нэблагъэкIэ зауэ-банэм хэмыкIа жылэм дэта еджапIэри, сабий гъэсапIэри, сымаджэщри, щэнхабзэмкIэ унэри нэмыцэхэм зэтракъутащ, Бахъсэн ГЭС-р къагъэуащ, зауэм ипэкIэ адрейхэм нэхърэ нэхъ хуэщIауэ щыта колхозым зыри къыханакъым.
Зеикъуэ щыщу Хэку зауэшхуэм цIыху миним щIигъу кIуащ, дэкIам и зэхуэдитIым нэхърэ нэхъыбэм, цIыху 627-м, къагъэзэжакъым, я псэр зэуапIэм Iуту ятащ. Зеикъуэдэсхэм я деж «щепсыхырт» загъэпсэхуну пIалъэ кIэщI зрата зауэлIхэмрэ зауэм и фэбжь телъу дзэм къыхагъэкIыжахэмрэ. Ауэ апхуэдэ хьэщIэхэр къуажэдэсхэм пшынауэ- IэгуауэкIэ ирагъэблэгъэну гукъыдэж яIэтэкъым - махуэ къэс абыхэм къаIэрыхьэрт зауэм хэкIуэда я щIалэхэм ятеухуа щхьэкIуэ тхылъхэр.
Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр ирахужа нэужь, цIыхубэ егъэджэныгъэмкIэ Бахъсэн районым и къудамэмрэ Зеикъуэ къуажэм и унафэщIхэмрэ жылагъуэм дэта еджапIэхэр зэрагъэпэщыжу хуежьащ, 1943-1944 гъэ еджэгъуэщIэм зэрылэжьэным хуэдэу. ЕджапIэ унэхэр зыхуей хуэгъэзэжыным къыдэхуэу, еджакIуэ ныбжьым ит къуажэдэсхэм я цIэ-унэцIэхэр щIэрыщIэу къыхатхыкIын, япэ классым кIуэну цIыкIухэр зэуIу щIауэ школым къешэлIэн хуейт. А Iуэхур зэфIэзыхын егъэджакIуэхэр яхурикъуртэкъым- нэхъыбэр зауэм щыIэт, хэкIуэдахэри мащIэтэкъым. Абы къыхэкIыуунафэ ящIащ 7-8-нэ классхэр (1941-1942 гъэ еджэгъуэм) фIы дыдэу къэзыухауэ щыта хъыджэбз цIыкIухэр Iуэхум къыхашэну.
Щомахуэ Къудас, Шурдым Марусхъан, Нэхущ Къудас, Къазий Зэтэ ГъукIэлI КIулэ, Хьэщэ Къалэ, Дыкъынэхэ Хутурэ Iэминатрэ, Шурдым Хьэжыхъан сымэ абдежым щегъэжьауэ егъэджакIуэ IэнатIэм еувэлIат. Абыхэм гъуэгугъэлъагъуэ яхуэхъуат педучилищэр къэзыуха егъэджакIуэ щIалэхэу, илъэс 20-22-рэ нэхъыбэ а зэманым зи мыныбжь Нэхущ Алжан, БжьыхьэлI КIулэ, Къущхьэ Бжьо, Гъубжокъуэ ЛутIэ, Щомахуэ Налжан сымэ. Хъыджэбзхэм къуажэр хьэблэ-хьэблэу зэхуагуэшри (хьэблэхэр 6 хъурт, зым уни 150-м нэблагъэ къызэщIиубыдэу), унагъуэхэр чэзууэ къызэхакIухьащ, школакIуэхэм я бжыгъэмрэ цIэ-унэцIэмрэ къыхатхыкIыу, сабийхэмрэ абыхэм къащхьэщына балигъхэмрэ епсэлъылIэу.
Къущхьэ Мухьэжид и «Зеикъуэ» тхылъым дыкъыщоджэ: «Дэ, зауэ зэманым къыхэхъукIа сабийхэм, игъащIэкIэ тщыгъупщэнукъым махуэ къэс зэхэтхыу щыта гъыбзэхэр , зы унэм щыужьыхым адрейм зыкъыщиIэту. ЩхьэкIуэ тхылъ къызыIэрыхьа къыкIэлъыкIуэ тхьэмыщкIэм и гуауэр даIыгъыну хьэблэр щызэхуэскIэ, гъы макъыу ди тхьэкIумэм имыкIыжхэм ди гущхьэр якъутэрт, шынэм дызэщIиIулIэрт, нэщхъеягъуэм дыщIипIытIэрт. ЩхьэкIуэ тхылъу къуажэм къахьыр зэуэ нэхъыбэ къэхъуат зэрыпхъуакIуэхэр ди щIыпIэм ирахужа нэужь. Нэмыцэхэм яIыгъа щIыпIэхэм нэмысыфурэ зэтрихьа тхыгъэхэр зэуэ къаутIыпщыжауэ арат.
Гуауэмрэ гузэвэгъуэмрэ яхуза сабиипсэхэр еджэным къыхуэбгъэушыну, щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным къыхуебджэну, гукъыдэж ептыжыну тынштэкъым. Класс нэхъыжьхэм щеджэ ныбжьыщIэ куэдым еджапIэр IэщIыб ящIу, лэжьэн, IэщIагъэ къозыт еджапIэхэм кIуэн хуей хъуащ, я адэхэр, къуэш нэхъыжьхэр зауэм зэрыщыIэм е зэрыхэкIуэдам къыхэкIыу. А зэманым илъэсибл школыр къэзыуха ныбжьыщIэхэр адэкIэ емыджэми хъунут, и щхьэр зэригъэпсэунымрэ зэлэжьынымрэт нэхъапэр.
1943 гъэм и гъатхэ - гъэмахуэ лъэхъэнэм и кIуэцIкIэ къуажэ унафэщIхэу Къэрмокъуэ Мухьэмэд (колхоз тхьэмадэт), Чэцыбей Хьэжумар (къуажэ Советым и унафэщIт, парторгт), ХьэфIыцIэ Мусэбий (комсомол зэгухьэныгъэм и пашэт) я жэрдэмкIэ къуажэдэсхэм яхузэфIэкIащ жылэм дэта курыт еджапIэхэр зэфIагъэувэжын, зыхуей хуагъазэу лажьэу яутIыпщыжын. А Iуэхум жыджэру хэтащ егъэджакIуэхэри еджакIуэ цIыкIухэм я анэхэри. ЗэдэIэпыкъужу икIи еужьэрэкIыу лэжьыгъэр зэрызэфIагъэкIам и фIыгъэкIэ, 1943-1944 гъэ еджэгъуэр и чэзум ирихьэлIэу Зеикъуэ къуажэм къыщызэIуахыжащ пэщIэдзэ еджапIи 3-мрэ илъэсибл еджапIэмрэ я бжэхэр. 
Ар икъукIэ ехъулIэныгъэшхуэт нобэ тпэжыжьэ а зэман хьэлъэмкIэ. Абы мымащIэу я фIыщIэ хэлъщ зауэ лъэхъэнэм пасэу балигъ ищIа хъыджэбз цIыкIухэу зи цIэ къитIуахэм. I946 гъэм абыхэм къратауэ щытащ «Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм иIа гуащIэдэкIым папщIэ» медалыр. Егъэлеиныгъэ лъэпкъ хэмылъу жыпIэ хъунущ а хъыджэбз цIыкIухэм къызэрымыкIуэ хахуагъэ ягъэлъэгъуауэ, егъэджэныгъэмрэ къэкIуэну щIэблэмрэ папщIэ я гуащIэ емыблэжауэ.
1945 гъэм Зеикъуэ къуажэм щылажьэрт пэщIэдзэ еджапIэу тIу, илъэсиблкIэ щрагъаджэ школрэ зы курыт еджапIэрэ. Абдеж къыщыунэхуат егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ зеикъуэдэсхэм яхузэIузыха лъэхъэнэщIэр.

Шурдым Барэсбий, химие щIэныгъэхэмкIэ доктор.
Шыбзыхъуэ Марьянэ,
Шэфий Хьэчим и цIэр зэрихьэу Зеикъуэ дэт курыт еджапIэ №2-м и лэжьакIуэ.

 
 

 

Поделиться: