Журналистхэм я упщIэхэм жэуап яритащХабзэ зэрыхъуам тету, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ федеральнэ, хэгъэгу, щIыналъэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм. Iэтащхьэм жэуап яритащ телевиденэм, газетхэм, радиом, агентствэ зэмылIэужьыгъуэхэм щылажьэ журналистхэм я упщIэхэм. ЗэIущIэм хэтащ «Кабардино-Балкарская правда», «Адыгэ псалъэ», «Заман» газетхэм, ВГТРК-м и «Къэбэрдей-Балъкъэр» къэрал телевиденэм, «Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК-м, «Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК-м и радиом я унафэщIхэри. Пресс-конференцэм щытепсэлъыхьащ республикэм и экономикэм мы гъэм иIа зыужьыныгъэм, ди лъахэм ис цIыхухэр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм, щIалэгъуалэ политикэм хуащI гулъытэм, къалэхэмрэ къуажэхэмрэ псыкIэ къызэгъэпэщыным и Iуэхур здынэсам, жылагъуэ транспортым, Урысейм иригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхам щыIэ ди щIалэхэм я Iуэху зыIутымрэ ди къэралым къыхагъэхьэжа щIыналъэхэм дазэрыдэIэпыкъу щIыкIэмрэ, нэгъуэщIхэми. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек журналистхэм яхуэзэну, епсэлъэну сыт щыгъуи и гуапэщ икIи властымрэ жылагъуэмрэ зэпыщIа хъунымкIэ абыхэм къалэн нэхъыщхьэр я пщэм къызэрыдэхуэр, хъыбарыщIэхэр, Iуэху гуэрхэм я пэжыпIэр цIыхухэм яIэрыгъэхьэнымкIэ сэбэп зэрыхъур, апхуэдэ дыдэуи цIыхубэм я псалъэр къулыкъущIапIэхэм нахьэсу зэрыщытыр къыхигъэщ зэпытщ. Iэтащхьэмрэ журналистхэмрэ зытепсэлъыхьахэр нэхъ убгъуауэ тетынущ тхылъымпIэм тедзауэ къыдэкI «Адыгэ псалъэм».
Поделиться:
Читать также:
26.04.2024 - 15:42 →
Фэеплъ жыг хадэхэр ягъэтIысынущ
26.04.2024 - 15:23 →
«Шато Эркен» щызэхуос
26.04.2024 - 15:00 →
Унэхэр зыхуей хуагъазэ
26.04.2024 - 14:00 →
ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 →
НОБЭ
|