Къэрал дамыгъэхэр иратыжащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Правительствэм и Унэм щаритыжащ къэрал дамыгъэхэр зыхуагъэфэща IэщIагъэлI пашэхэм. ГуфIэгъуэ зэхыхьэм и пэщIэдзэм абы жиIащ лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр зыхъумэ, зыгъэбагъуэ, республикэм и зыужьыныгъэм псэ хьэлэлкIэ хуэлажьэ  цIыху щэджащэхэм и гуапэу фIыщIэ зэрахуищIыр.

Медицинэм, егъэджэныгъэм, щIэныгъэм, щэнхабзэм, гъуазджээм, ухуэныгъэм, экономикэм, спортым, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа защIэт къызэхуэсахэр.  Абыхэм я Iэзагъыр, зэфIэкIыр,   жэуаплыныгъэр къэралми, республикэми гулъытэншэу къагъэнакъым. Я къалэнхэр нэгъэсауэ зэрагъэзащIэм, республикэм щекIуэкI Iуэхухэм жыджэру зэрыхэтым, илъэс куэд хъуауэ хьэлэлу зэрылажьэм къыхэкIкIэ, УФ-м, КъБР-м я дамыгъэхэр иратыжащ цIыху 60-м щIигъум.

Урысей Федерацэм и Президентым и УнафэкIэ, жылагъуэ лэжьыгъэр жыджэру зэрыригъэкIуэкIым папщIэ «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденым и етIуанэ нагъыщэр хуагъэфэщащ ветеранхэм я «Боевое братство» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и ГъэзэщIакIуэ комитетым и Iэтащхьэ Абанокъуэ Владимир. Апхуэдэу  пашэхэм иратащ КъБР-м и ЩIыхь тхылъыр,  КъБР-м и Iэтащхьэм и фIыщIэ тхылъыр, цIэ лъапIэхэр. 

Кърата къэрал дамыгъэм папщIэ къэралым, республикэм я унафэщIхэм фIыщIэ хуащIу, апхуэдэ гулъытэм дяпэкIэ нэхъыбэжым зэрытригъэгушхуэр жаIэу зэIущIэм къыщыпсэлъащ ягъэлъэпIахэр.

ГуфIэгъуэ зэхыхьэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, УФ-м и Президентым и лIыкIуэу Ипщэ Федеральнэ округым щыIэм и аппаратым и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэ Мэкъуауэ Тимур сымэ.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться:

Читать также: