Тхыдэ фэеплъыр къагъэщIэрэщIэжащ

Налшык къалэм и Къэбэрдей уэрамым тет, макъамэ щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэ №2-м и зэгъэпэщыжыным епха лэжьыгъэхэр иджы дыдэ зэфIэкIащ. ЕджапIэр щыхьэрым дэт ухуэныгъэ тIорысэхэм языхэзщ. Абы и лъабжьэр I903 гъэм ягъэтIылъауэ щытащ, нобэр къыздэсым и теплъэкIи, и гъэпсыкIэкIи, и дахагъкIи къыхэщхэм ящыщщ.
IуэхущIапIэм и унафэщI Уэсмэн Марьянэ зэрыжиIамкIэ, унэм еджапIэр зэрыщIэтIысхьэрэ илъэс 60 хъуащ. Абы щыщу илъэс 30-м щIигъуауэ къыщIэкIынущ ар зэрызэрамыхьэрэ, и теплъэр езыгъэфIакIуэ лэжьыгъэхэр зэрырамыщIылIэрэ.
«Ди IуэхущIапIэм и мыхьэнэр къалъытэу мыпхуэдэ гукъэкI къызэрытхуащIар дэркIэ къызэрымыкIуэу гуапэщ, икIи, ди махуэщIым ирихьэлIэу къытхуащIа тыгъэ лъапIэщ. «Щэнхабзэ» лъэпкъ программэм хыхьэ «ГъуазджэмкIэ сабий еджапIэхэр зэгъэпэщыжыныр икIи къэгъэщIэрэщIэжыныр» пэхуэщIэм (проектым) ипкъ иткIэ зыхуей хуагъэза еджапIэм и фэр къыщIэщыжащ, и IуплъапIэр дахэу къэлъагъуэ хъуащ. Пэжщ, зэгъэпэщыжын лэжьыгъэхэм щхьэхуэныгъэ хэхахэр зиIэ гугъуехь гуэрхэр япыщIат. Псалъэм и хьэтыркIэ, чырбыш гъэжьакIэ зэтращIа блын джабэм имыщтэну сэху епт, чахуэ зиIэ зэхуакухэм дэлъ ятIагъуэр зэкIэщIэзыхун цемент гуащIэ хэплъхьэ хъунутэкъым, зэбгрыкIа хъуа чырбышхэм уахэуэнкIэ Iэмал иIэтэкъым, унэм и джабэхэр зэрумыгъэубыдауэ лъабжьэми пкъыми уеIусэныр дзыхьщIыгъуэджэт. Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ фэеплъым хуэсакъыпэурэ еIусэн хуейти, зэгъэпэщыжын лэжьыгъэхэр зи пщэ дэлъа ухуакIуэхэр дагъуэ лъэпкъ имыIэу а къалэным пэлъэщауэ, ди унэри нэсу зыхуей хуагъэзауэ жыпIэ хъунущ», – жиIащ Уэсмэн Марьянэ.
Абы къищынэмыщIауэ, зэгъэпэщыжын лэжьыгъэхэм къызэщIаубыдащ еджапIэм и щхьэр, бжэхэмрэ щхьэгъубжэхэмрэ зэхъуэкIыныр, пэшхэм я лъэгу щар къихауэ щIэ идзыжыныр, уэздыгъэ зэрыкIуэ кIапсэхэр, бжьамийхэр щIэуэ щIэшэжыныр, унэ кIуэцI блынхэр зехьэныр. УхуакIуэхэм еджапIэм и пщIантIэ кIуэцIхэри зыхуей хуагъэзащ, щIыб уэздыгъэхэмрэ тетIысхьэпIэхэмрэ ягъэуващ, куэд дэмыкIыу удз гъэгъахэр ягъэтIысынущ.
ЕджапIэм сабий 400-м нэблагъэ йокIуалIэ. Абыхэм фортепианэ, Iэпэпшынэ, шыкIэпшынэ, пшынэ еуэкIэм зыхуагъасэ, гъуо, бжьамий, накъырэ, фэнтIырпIэ еуэкIэм хуеджэхэри мымащIэу яхэтщ.
Къыхэгъэщын хуейщ еджапIэр зэгъэпэщыжыным епха лэжьыгъэхэр зэрызэфIэкIыу, абы Къэбэрдей уэрамымкIэ щиIэ щIыхьэпIэр къызэрызэIуахыжар, екIуэлIапIэри фIыуэ зэрырагъэфIэкIуар.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу