Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и ИлъэсыщIэ хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхуу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Мыгувэу Кремлым и сыхьэт къеуэм 2023 ИлъэсыщIэр къызэрыунэхуамкIэ хъыбар дигъэщIэнущ. Мы дакъикъэхэм дэтхэнэри блэкIа илъэсым хуоплъэкIыж, къэкIуэнум пыщIа мурадхэр еубзыху.
Иух илъэсым ди къэралым къеуэлIащ Урысейм и лъэр щIаудыну къухьэпIэ къэралхэр ерууэ зэрыхущIэкъум, абы езыхэм я фIэфIыныгъэхэр кърагъэщтэну къызэреныкъуэкъум пыщIа гугъуехь инхэм. Апхуэдэ мурадхэр зыми къызэремыхъулIэнум шэч къытесхьэркъым. Сыт щыгъуи хуэдэу, Урысейр хьэзырщ езым и сэбэп зыхэлъхэр ихъумэжыну, цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэригъэпэщыну, ди сабийхэм я къэкIуэнум къыщхьэщыжыну.
А мурадхэм папщIэ ди къэралыр зэкъуэуващ икIи ди щIалэхэм тэмэму икIи лIыхъужьыгъэ яхэлъу зауэлI къалэныр ягъэзащIэ. Абыхэм ди лъахэгъухэри яхэтщ.
Апхуэдэу щыхъукIэ, дэ нобэ псом япэу гуапэу дохъуэхъу дзэ операцэ хэхам щхьэмыгъазэу хэтхэм. Абыхэм зыхедгъэщIэнщ ди гу хуабагъэмрэ сыт щыгъуи дазэрыщIыгъумрэ.
Дауэ щымытми, илъэсыр тэмэму етхьэкIащ. Республикэм унэтIыныгъэ нэхъыщхьэ псомкIи зэпIэзэрыту зеужь. Экономикэм и IэнатIэ нэхъыщхьэхэм япыщIауэ зыхуэдгъэувыжауэ щыта мурадхэр къыдэхъулIащ, мыхьэнэшхуэ зиIэ инвестицэ проектхэр дгъэзэщIащ. ЩIэгъэхуэбжьауэ псэупIэхэр, школхэр, сабий садхэр, узыншагъэр хъумэнымкIэ, щэнхабзэмкIэ спортымкIэ IуэхущIапIэхэр яухуащ, гъуэгухэр зэрагъэпэщыжащ, щIыналъэхэр зэIузэпэщ ящIащ.
 А псори къыдэхъулIэнымкIэ лъабжьэу щытащ ди Президент Путин Владимир Владимир и къуэм и жэрдэмкIэ къащта лъэпкъ проектхэмрэ социальнэ программэхэмрэ. ИкIи а псомкIи фIыщIэ ин зыбгъэдэлъыр фэращ-республикэм исхэрщ. А псори фи лэжьыгъэ къэмылэнджэжым кърикIуащ, си ныбжьэгъу лъапIэхэ. Абыхэм папщIэ псоми фIыщIэ ин фхузощI.
КъызэднэкI илъэсым дэ дгъэлъэпIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и унагъуэ зэкъуэтым хэту ди лъэпкъхэр зэщIыгъуу илъэси I00 лъандэрэ зэрызэдэлажьэр икIи абы аргуэру зэ наIуэу къигъэлъэгъуащ ди зэкъуэшыгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ мыкъутэжыну зэрыбыдэр, ди щIыналъэр псоми фIыуэ зэрытлъагъур.
Дызыхыхьэ илъэсым цIыхухэм я псэукIэр нэхъри егъэфIэкIуэнымкIэ дэ къалэн нэхъ иныжхэр къытпэщытщ. Абы и лъэныкъуэкIэ дызыхущIэкъухэр къызэрыдэхъулIэнур зэлъытар дэращи, дыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрым зегъэужьынымрэ ар егъэфIэкIуэнымрэ къызэзыгъэпэщынури дэращ.
Дэ сыт щыгъуи илъэсыщIэм фIы къытхудэкIуэну, ди мурадхэр къыдэхъулIэну дыщыгугъыу дыхуокIуэ. Иджы, нэхъыщхьэ дыдэр арщи, псори дызэкъуэзыгъэувэ нобэрей мурад нэхъыщхьэ дыдэр-текIуэныгъэ къэтхьынырщ икIи ди щIалэхэм узыншэу икIэщIыпIэкIэ къагъэзэжынырщ. Апхуэдэ мурадхэр псом япэу зыхуэгъэзар ди хъумакIуэхэм я анэхэрщ, щхьэгъусэхэрщ, сабийхэрщ.
Ди плъапIэ нэхъыщхьэ дыдэхэр нахуапIэ хъуну, ИлъэсыщIэм дэтхэнэ унагъуэми гуфIэгъуэрэ ефIэкIуэныгъэрэ кърилъхьэну си гуапэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым ис псоми си гуапэу сохъуэхъу узыншагъэ быдэ, мамырыгъэ, зыужьыныгъэ яIэну.
МахуэшхуэмкIэ, си лъахэгъу лъапIэхэ! 2023 ИлъэсыщIэмкIэ!
 

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
Поделиться: