КIуэкIуэ Казбек Христос (Хьисэ) къыщалъхуа махуэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм ехъуэхъуащ

Абы теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хэIущIыIу ищIа тхыгъэм итщ:
«Къэбэрдей-Балъкъэрым ис православнэ чристэнхэм си гуапэу сохъуэхъу Христос къыщалъхуа гуфIэгъуэ махуэшхуэмкIэ!
А гуфIэгъуэм цIыхухэр гурыщIэ плъапIэхэм хузэщIегъэуIуэ, абыхэм я гухэр гуфIэгъуэрэ гуапагъэкIэ егъэнщI, ехъулIэныгъэщIэхэм трегъэгушхуэ.
НэгъуэщI динхэм итхэм ящIыгъуу Къэбэрдей-Балъкъэрым и православнэ члисэхэм нобэ куэд зэфIагъэкI ди щэнхабзэ, тхыдэ хъугъуэфIыгъуэхэр, ди лъэпкъхэм къадэгъуэгурыкIуэ хабзэ гъуэзэджэхэр хъумэным хуэгъэзауэ. А псоми къадэкIуэу абыхэм къыпхуэмылъытэным хуэдизу лэжьыгъэшхуэ дагъэкI дин, лъэпкъ зэхущытыкIэхэр гъэтэмэмыным, унагъуэр гъэбыдэным, щIэблэр гъэсэным хуэгъэзауэ. Мыхьэнэшхуэ зиIэ апхуэдэ Iуэхухэр дэгъэкIыным зэщIыгъуу делэжьмэ, жылагъуэ зэхэщIыкIыр къэIэтынымкIэ, зэхэщIыкIрэ зэгурыIуэрэ щыIэнымкIэ, мамырыгъэр республикэм щыхъумэнымкIэ къыдбгъэдэхуэ къалэнхэр зэрыдгъэзэщIэнум шэч къытесхьэркъым.
Къэбэрдей-Балъкъэрым ис псоми си гуапэу сохъуэхъу узыншагъэ быдэ, насып, ефIэкIуэныгъэ яIэну».

Поделиться:

Читать также: