Унагъуэм къыщожьэ бзэр

Лъэпкъ къэс езыр иригушхуэу иIэщ и анэдэлъхубзэр. Апхуэдэщ адыгэхэми къыддалъхуа ди бзэр, ар куэдкIэ адрейхэм къащхьэщокI. ЩIэныгъэлIхэм жаIэ адыгэбзэм и макъхэр гугъу дыдэхэм ящыщу, къэпсэлъыгъуейуэ. Ауэ дэ езым ди дежкIэ абы нэхъ дахи, нэхъ къулеи, нэхъ тынши щыIэкъым.

Бзэр лъэпкъым догъуэгурыкIуэ, зеужь, ар зейм яIурылъмэ, унагъуэм исхэр ирипсалъэмэ, щIэблэм ирагъащIэмэ. Лъэпкъыр псом япэу зэкъуэзыгъэувэфынур анэдэлъхузэмрэ хабзэмрэщ. Ар нэгъуэщIхэм къащхьэщызыгъэкIыр, и щыIэкIэ-псэукIэр зыхуэдэр, зэрихьэ хабзэмрэ дуней тетыкIэмрэ къыбжезыIэр и бзэращ.
ЩIэныгъэлIхэм къабжащ дунейм бзэуэ миних щызекIуэу. Апхуэдэуи ирогузавэ абы и ныкъуэр кIуэдыжынкIэ шынагъуэ зэрыщыIэм. Къэралышхуэхэм щыпсэу лъэпкъ цIыкIухэм я анэдэлъхубзэхэр нэгъуэщIхэм щыхэшыпсыхьыж къохъу. КъищынэмыщIауэ, нобэ гъащIэм щытепщэ Интернетым и зэрани къыдокI, бзэм теухуауэ къапщтэмэ.
- Бзэм ирипсалъэм я бжыгъэр хэщIыурэ екIуэкIмэ, къамыгъэсэбэпыжмэ, бзэхыжыну аращ. Узэрымыпсалъэ бзэм уригупсысэркъым, апхуэдэу щыхъукIэ – ар щымыIэ пэлъытэщ, - и Iуэху еплъыкIэкIэ къыддогуашэ Бахъсэн къалэм щыщ Къуэдзокъуэ Фридэ. - Жьабзэр фащэмэ, тхыбзэр Iэщэщ. А тIур зэпэIэщIэ хъу хъунукъым, зэгъусэу щытын хуейщ. Ар гъащIэм къихьа зы пэжщи, жьабзэри тхыбзэри зэдэдгъэгурыкIуэн хуейщ. Унагъуэм къыщыщIедзэ щIэблэм бзэр Iурылъу къэхъуныр. «Адыгэбзэр сыткIэ къытхуэсэбэпыну?» - жызыIэхэр пхэнжу гупсысэу, щIэныгъэ ябгъэдэмылъу къызолъытэ. Апхуэдэхэм къагурыIуэркъым лъэпкъыр зыхъумэр езы бзэр арауэ зэрыщытыр. Ухуеймэ, ухуакIуэу лажьэ, ухуеймэ, дохутыр IэщIагъэр къыхэх - нэхъыщхьэр гурэ псэкIэ укъызыхэкIа лъэпкъым ущыщынырщ.
ГъащIэм сыт хуэдэ гъуэгу щыхимышами, цIыхум узэрыщыгугъ хъунур кърипщIэфынущ ар и анэдэлъхубзэм зэрыхущытымкIэ. Акъылым и лъабжьэр бзэращ. ТхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэхэу ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, КIэрашэ Тембот, Уэхъутэ Абдулыхь, МэшбащIэ Исхьэкъ, Тхьэгъэзит Зубер, Бещтокъуэ Хьэбас, Бемырзэ Мухьэдин сымэ адыгэбзэр шэрыуэу къыщIагъэсэбэпыфар я адэшхуэ-анэшхуэхэм, я нэхъыжьыфIхэм анэдэлъхубзэр екIуу, нэгъэсауэ яIурылъти аращ. Ар щIыжысIэращи, ди анэдэлъхубзэр тхъумэным хэкIыпIэ куэд иIэщ: унагъуэм бзэр къыщыдгъэсэбэпын, ди тхакIуэ щэджащэхэм я тхыгъэхэм деджэн, адыгэбзэкIэ къыдэкI журналхэмрэ газетхэмрэ унагъуэ къэс къаIэрыхьэн, радиомрэ телевиденэмрэ адыгэбзэкIэ ягъэхьэзыр нэтынхэр нэхъыбэу къагъэлъэгъуэн. А псори Iуэху гугъукъым, абы щыгъуэми сэбэп хъунут цIыхубэм адыгэбзэр зыхрагъэщIэнымкIэ. Уи щхьэ, уи лъэпкъ бгъэлъэпIэнумэ, уи бзэм хуэфащэ гулъытэ хуэщI - нэгъуэщI Iэмал щыIэкъым анэдэлъхубзэр ирипхъумэну.
 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: