Жей быдэ уиIэн папщIэ

Еджагъэшхуэхэм ящыщ куэдым къызэралъытэмкIэ, цIыхум и гъащIэм и Iыхьэ щанэр жейуэ ехь. Ауэ нэхъ куууэ абы и пэжыпIэр къэпхутэу, жей узыншэм ихь зэманым фIэкI къыумылъытэм, ар зэрымыпэжыр мэхъур гурыIуэгъуэ. Мы Iуэхугъуэм игъэпIейтейуэ нэхъ иужьыIуэкIэ къэхутэныгъэ езыгъэкIуэкIа щIэныгъэлIхэм жей узыншэ дыщымыщIэн, пщэдджыжьым ди пкъыр жану, гукъыдэж диIэу дыкъэтэджын папщIэ дгъэзэщIэн хуейуэ мыпхуэдэ чэнджэщхэр къыдат:

1. Угъуэлъыжын ипэ уи ныбэ изу умышхэ. Армырамэ уи шхалъэм къытехьэлъэнущ, уи лъыр гугъу ехьу зекIуэнущ.
2. Пщыхьэщхьэм сырэ (пиво) е шагъыр (вино) ефар псынщIэу мэжеиж, ауэ апхуэдабзэуи псынщIэу къоушыжри, зигъэкIэрахъуэу пIэм хэлъщ. Ар къызыхэкIыр фадэм щхьэкуцIыр зэригъэутхъуэрщ.
3. Бжьэхуц зэрылъ е щэкI къызэрыгуэкI къыхэщIыкIа уэншэку къэбгъэсэбэпмэ нэхъыфIщ.
4. Ужеин ипэ пэшым жьы къабзэ щIегъахуэ. Хьэуар щыхьэлъэ пэш хуабэм IэфIу ущыжеифынукъым. Нэхъ температурэ тэмэмыр градус I5-I6-щ.
5. Угъуэлъыжын ипэ узыгъэсабырын удз хущхъуэкIэ зэхэщIа шей пщтыр ефэ.
6. Быдэу икIи IэфIу ужеину ухуеймэ, угъуэлъыжын ипэ шэ хуабэм фо хэдзауэ ефэ. Абы щхьэ куцIыр егъэсэбыр.
7. Угъуэлъыжауэ телевизор уеплъыныр икъукIэ щыуагъэшхуэщ. Абы пIалъэ кIэщIкIэщ узэрытригъэунур.

 

Зыгъэхьэзырар Шафий Аслъэнщ.
Поделиться: