Шэхум и щэхухэр

ГъэщIэгъуэнщ

Ижь-ижьыж лъандэрэ цIыхум шэху уэздыгъэр къыдокIуэкI. Ар IэщIыб ящIакъым, уеблэмэ элекрическэ лампIхэр къэунэхуа нэужьи - унэм итыну зэранкъым. Сыт хуэдэ теплъэ дахэ иратрэ абыхэм, пыбгъанэу уеплъын къудейм гур дэпсэхуу. Теплъэр ауэ къэгъэнауэ, сэбэпынагъи яIэщ абыхэм. 
Къапщтэмэ, бжьэхуц Iуданэ зыхэлъхэр хуэм дыдэу фIэкIа исыркъым. Зэман жыжьэм, сыхьэтхэр къежьэн ипэ, апхуэдэ шэху уэздыгъэхэм я исыкIэм тещIыхьауэ махуэм и кIыхьагъыр къапщу щытащ. ИтIанэ бжьэхуцым къыпих Iугъуэ мащIэм хьэуар игъэкъабзэ мыхъумэ, зыкIи зэран хъуркъым. Бжьэхуцым и пIэкIэ пхъэ псыгъуэ цIыкIу зыхэлъхэми уарохьэлIэ. Ар нэхъ сэбэпыжщ: пхъэ лIэужьыгъуэ къэс езым и сэбэпынагъ иIэжщ, къыпщIихьэн къудейр сэбэпщ, унэкIуэцIым щIэтынкIэ хъуну микроб зэранхэри еукI.
 Шэхур къызыхахыж безыр бжьэм зэрищIыр хэткIи щэхукъым. Къапщтэмэ, бжьэ зэрыбыным зы илъэсым хуэзэу без килограмми 7 ящIыну яхузэфIокI.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, безым къыхащIыкIыу нобэм къэсахэм хуэм-хуэмурэ япIэм къоувэ соем и дагъэм къыхах уэздыгъэхэр. Абы халъхьэ кислота пкъыгъуэхэм ар быдэу ягъэж, и теплъэкIэ шэхум зыкIи къыщхьэщымыкIыу. Соери, дауи, зэранкъым, ауэ безым и сэбэпынагъыр абы къыпхухэгъуэтэжынукъым. 
 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться:

Читать также: