ЗэрадэIэпыкъум хегъахъуэ

Урысейм и Мэкъумэш банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм 2022 гъэм хьэрычэт мащIэмрэ курытымкIэ IэнатIэхэм сом мелуан 400-м нэблагъэ яритащ. 

Абыхэм ящыщу сом мелуан 205-р зэралъигъэсар мэкъумэш-промышленнэ комплексым хыхьэ IуэхущIапIэхэм худачых щIыкIэу (льготэ кредиткIэ) щIыхуэ зэрырат программэм тетущ (илъэсым проценти 5 нэхъыбэ хуэмызэу).
Зи гугъу тщIы ахъшэ хъумапIэм щIыхуэхэр къыIахащ мэкъумэшым елэжь IуэхущIапIэхэм, фермер хозяйствэхэм, щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэхэм. 
КъаIэрыхьар къагъэсэбэпащ сэгъуэ-къехьэлIэжы­гъуэм техникэр зыхуэчэм щымыIэу хуэгъэхьэзырынымкIэ, дагъэ-гъэсыныпхъэхэмкIэ къызэгъэпэщынымкIэ, щIыгъэпшэрхэр и чэзум къешэлIэнымкIэ, жылэхэр къэщэхунымкIэ, нэгъуэщIхэмкIи. 
2022 гъэм къриубыдэу, Урысейм и Мэкъумэш банкым и республикэ къудамэм хэгъэгум и гъавэгъэкIхэм сэ­гъуэ-къехьэлIэжыгъуэм трагъэкIуэдэну сом мелуани 123-м нэблагъэ яритащ. Ар хуэдэ 1,5-кIэ нэхъыбэщ 2021 гъэм яIэригъэхьам нэхърэ.  
- Урысейм и Мэкъумэш банкыр ахъшэкIэ зэрадэIэпы­къур сэбэпышхуэщ щIыналъэр губгъуэ лэжьыгъэхэм щехъулIэнымкIэ, зэрыщыту къатщтэмэ, къэралым ерыскъы и лъэныкъуэкIэ зыкъызэригъэпэщым зыщIэгъэкъуэнымкIэ. Ауэ щыхъукIи, худачых щIыкIэу щIыхуэ зэрырат программэр гъэзэщIэнымкIэ ахъшэ хъумапIэм жыджэрагъыу къигъэлъагъуэр хуэмыщхьэпэнкIэ Iэмал иIэкъым мэкъумэшым елэжь IуэхущIапIэхэмрэ щхьэ закъуэ хьэрычэтыщIэхэмрэ, - къыхигъэщащ Урысейм и Мэкъумэш банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Сокъур Алим. 
2023 гъэм щIышылэм и 10-м ирихьэлIэу, зи гугъу тщIы ахъшэ хъумапIэм мэкъумэшым елэжь IуэхущIапIэхэм, псори зэхэту, сом мелуан 550-м щIигъу яритащ. 
Мэкъумэш банкым республикэм и фермерхэмрэ гъавэгъэкIхэмрэ зэрызащIигъакъуэр ахъшэм и закъуэкъым, атIэ хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ къалэжь мэкъумэшхэкIыр ИнтернетымкIэ ягъэлъэгъуэну, ящэну Iэмал пыухыкIахэри ярет. Мы зэманым ирихьэлIэу апхуэдэ утыку зэIухам зыщрагъэтхащ республикэм и хозяйствэрэ хьэрычэтыщIэу 77-м.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также: