Къэбэрдей-Балъэкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Урысей студентхэм я махуэмкIэ цIыхухэм ехъуэхъуащ

«Студент гъащIэр лъэхъэнэ гъуэзэджэщ икIи ар дэтхэнэми и гум зэи щымыгъупщэжу илъщ. Ар мурадхэм, гугъапIэхэм, щIэныгъэмрэ творчествэмрэ я лъэхъэнэщ плъапIэ егъэлеяхэмрэ Iуэхухэмрэ щытегушхуэ зэманщ. 
ЩIалэгъуалэм я зэфIэкIхэр къагъэлъэгъуэн икIи ахэр пхагъэкIын папщIэ нобэрей Урысейм Iэмал псори щыIэщ. Ахэр сэбэпынагъ нэхъыбэ пылъу къэгъэсэбын хуейуэ аращ. Зэи зыщывмыгъэгъупщэ сыт хуэдэ фи гугъапIэри зэвгъэхъулIэн, фи къарур сыт хуэдэ IэнатIэми ефхьэлIэн папщIэ хэкIыпIэ псори щыIэщ.
Ди къэралыр аргуэру гугъуехьхэм щыхэхуа мы зэманым нэхъри нэхъ лъагэ мэхъу студентхэм гъащIэм щаIэ мыхьэнэр. Мыбдеж нэхъыщхьэр Урысейм и къэкIуэнум зэрыпыщIар, абы и лъэныкъуэкIэ жэуаплъыныгъэшхуэ зэрихьэр дэтхэнэми къыгурыIуэнырщ. Зэманым къигъэувхэм япэджэжурэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и студентхэм иджырей щIэныгъэхэр ерыщу зэрырагъэгъуэтынум, ахэр IэщIагъэлI нэс, патриот зэрыхъунум, я щIэныгъэр, зэфIэкIыр, къарур езыхэр щалъхуа республикэм, ди Хэкум я фIыгъуэр гъэбэгъуэным хуэунэтIауэ къызэрагъэсэбэпынум шэч къытесхьэркъым. 
Си гуапэу сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэ, ефIэкIуэныгъэ фиIэну, зэфIэкI инхэр къэвгъэлъэгъуэну», - итщ республикэм и Iэтащхьэм и хъуэхъум.  

 

Поделиться: