Студентхэм МВД-м и музейм зыщаплъыхьащ

Урысей МВД-м и Управленэу Налшык къалэм щыIэм и къудамэ №I-м балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и инспектор, полицэм и майор Къудей Алинэ «Студент десант» урысейпсо акцэм хыхьэу къызэригъэпэщащ промышленность псынщIэмкIэ колледжым и студентхэм республикэ МВД-м и тхыдэ музейм зыщаплъыхьыныр. Ар егъэкIуэкIыныр къыдиIыгъащ Налшык къалэ УМВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Бэгъуэт Хьэмидбий.
Iуэхур иригъэкIуэкIащ КъБР-м щыIэ МВД-м ЩэнхабзэмкIэ и центрым и лэжьакIуэ Къардэн Таирэ. Ар яхутепсэлъыхьащ хабзэхъумэхэм я къалэныр илъэс зэмылIэужьыгъуэхэм зэрырахьэкIам, урысей полицэм и тхыдэм и напэкIуэцI мыхьэнэшхуэ зиIэхэм.
Студентхэм Iэмал ягъуэтащ экспонат телъыджэхэр ялъагъуну: МВД-м и лэжьакIуэхэм я фащэхэр, илъэс зэхуэмыдэхэм зэрахьа Iэщэхэр, офицерхэм я хьэпшыпхэр, къыхуагъэфэща дамыгъэхэр, апхуэдэуи зэпаплъыхьащ хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщахьа дипломхэр, кубокхэмрэ медалхэмрэ.
Гулъытэ хэха хуащIащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм.
Студентхэр дихьэхауэ едэIуащ къызэгъэпэщакIуэхэм икIи къащIащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм ущылэжьэным жэуаплыныгъэ, шынагъуэ зэрыпылъыр, ауэ пщIэ зэриIэр. ЩIалэгъуалэм Iуэхур къызэзыгъэпэщахэм фIыщIэ хуащIащ гъэщIэгъуэн куэдым зэрыщагъэгъуэзам папщIэ.

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: