Къалъыхъуэ!Урысей МВД-м Тэрч районым щиIэ къудамэм зэхегъэкI зи хъыбар ямыщIэ Умар Виталий Владимир и къуэр, 1972 гъэм къалъхуар, Тэрч къалэм щатхар, здэщыIэр. 2018 гъэм жэпуэгъуэм и 17-м Умар В. В. и унэм дэкIащ икIи нобэр къыздэсым абы и хэщIапIэр ящIэркъым. И теплъэр: илъэс 45 - 50 ептынщ, и IэпкълъэпкъкIэ къуэгъущ, сантиметри 165 - 170-рэ и лъагагъщ, и нэкIур хуэкIыхьщ, и щхьэцхэр захуэщ, и натIэм деж и щхьэцыр икIащ. ПщIэ зыхуэтщI цIыхухэ! Умар Виталий Владимир и къуэр здэщыIэр убзыхунымкIэ сэбэп хъуну хъыбар гуэр фщIэмэ, дыныволъэIу ар къэдвгъэщIэну мы телефонхэмкIэ: 8 (86632) 4-10-02 (Урысей МВД-м Тэрч районымкIэ и къудамэм и плъыр часть), 8-901-244-00-07, 02 (102) е полицэм и къудамэ фпэгъунэгъум зыхуэвгъазэми хъунущ.
Поделиться:
Читать также:
28.04.2024 - 17:33 →
Псыхэр къабзэ хъун папщIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
28.04.2024 - 11:59 →
Пэрыт увыпIэр адэкIи иIыгъынущ
28.04.2024 - 10:57 →
ПсэупIэщIэхэр - гуфIэгъуэ щIыкIэм тету
27.04.2024 - 16:12 →
ЩIыуэпсым хэт пэлъэщыфар?!
|