Сабий 17 000 къызэщIеубыдэ

Урысейм и Социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм илъэс 17 ныбжьым нэс хиубыдэ сабий 17000-м яхуигъэуващ къэралыр ядэIэпыкъуу мазэ къэс яритыну ахъшэр. 
Мы зэманым ирихьэлIэу а ахъшэм теухуа лъэIуу 26000-рэ къыIэрыхьащ къудамэм. Ар дыгъэгъазэм и 28-м къыIахын щыщIадзащ Къэрал Iуэхутхьэбзэхэр порталым, щIышылэм и 4-м щегъэжьауэ адэ-анэхэм пособием теухуауэ зыкъызэрыхуагъазэр къыщыIахащ Социальнэ фондыр цIыхухэм щадэлажьэ и IэнатIэхэм. Ахэр график хэхам тету лэжьащ, цIыхухэм а дэIэпыкъуныгъэщIэр къратыным теухуа я тхылъхэр зэрагъэпэщыфын, апхуэдэуи нэгъуэщI IуэхутхьэбзэхэмкIэ зыкъыхуагъэзэфын папщIэ. 
Ахъшэр зратын хуейуэ къалъытахэм хуагъэхь зыщрагъэтхым къагъэлъэгъуа счётым. Апхуэдэуи ахъшэ яIэрыхьэнущ цIыхубз уэндэгъу 700-м. 
КъищынэмыщIауэ, КъБР-м щыIэ ОСФР-м щIышылэм и япэ махуэхэм диIыгъащ къызэднэкIа илъэсыр и кIэм нэблэгъауэ къалъхуа япэ сабий 300-м илъэсищ хъуху ахъшэр ятыныр. Иджы ар зыуэ щыт пособием хохьэ икIи хабзэщIэм тету ятх. Апхуэдэуи, сабийр 2023 гъэр къимыхьэ щIыкIэ унагъуэм къихъуамэ, адэ-анэхэм ахъшэр нэхъапэкIэ зытета хабзэм ипкъ иткIэ къыIах хъунущ. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, иджы щIэуэ ят пособиер и пIэ иуващ нэхъапэм хуэныкъуэ унагъуэхэр дэIыгъынымкIэ лэжьа Iэмалитхум - япэ, ещанэ сабийхэр илъэси 3 ирикъухукIэ, илъэси 3-м къыщыщIэдзауэ илъэси 8-м, илъэси 8-м къыщыщIэдзауэ илъэс 17-м нэсыхукIэ мазэм тIэу ирату щытахэм, апхуэдэуи зэрыуэндэгъум пэкIуэу цIыхубзым зэ тыгъуэу зэрыдэIэпыкъуа ахъшэм. ПособиещIэр хуагъэув зи хэхъуэр цIыхур псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуэныкъуэ ахъшэу щIыналъэм щагъэувам нэхърэ нэхъ мащIэхэм. 
Къыхэдгъэщынщи, сабийхэри я адэ-анэхэри Урысейм и цIыхуу икIи зэпымыууэ ди къэралым щыпсэууэ щытын хуейщ. Иратыну ахъшэр щагъэувкIэ зэпалъыт унагъуэм и хэхъуэхэмрэ мылъкумрэ, апхуэдэуи къалъытэ адэ-анэхэр лажьэмэ, - къет фондым и къудамэу КъБР-м щыIэм и пресс-IуэхущIапIэм. 

 

 

УАРДЭ Жантинэ.
Поделиться:

Читать также: