Илъэси 6-кIэ ягъэтIысынкIэ мэхъуУрысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэмрэ КъБР-м щыIэ МВД-мрэ я лэжьакIуэхэм экономикэ щIэпхъаджагъэхэм пэщIэтынымкIэ Iуэхухэр щрагъэкIуэкIым къызэпаудащ «Егъэджакуэхэм я Iэзагъэм хэгъэхъуэнымкIэ центр» къэрал бюджет IуэхущIапIэм и унафэщIу щытахэм язым зэрихьа хабзэншагъэр. Абы республикэм и егъэджакIуэхэм я IэщIагъэм хагъэхъуэнымкIэ программэр пхигъэкIыу, цIыхухэм щIэныгъэ ягъэгъуэтыным теухуа зэгурыIуэныгъэ нэпцI 45-рэ ярищIылIащ. Апхуэдэ хабзэншагъэм кърикIуащ хэщIыныгъэ сом мелуан 1,5-м нэблагъэ. Шэч зыхуащIым теухуа уголовнэ Iуэху къаIэтащ УФ-м и УК-м и 159-нэ статьям и 4-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэхэр илэжьауэ ягъэкъуаншэу. Апхуэдэу хабзэм ебэкъуар илъэси 6-кIэ ягъэтIысынкIэ мэхъу.
ТкIийуэ яIыгъынущ Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэмрэ КъБР-м щыIэ МВД-мрэ я лэжьакIуэхэм экстремизмэм пэщIэт лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIыу къызэпаудащ КъБР-м щыпсэу, илъэс 32-рэ зи ныбжь Чеченов А. Р., терроризм Iуэхум пыщIам, зэрихьэ щIэпхъаджагъэр. КъызэрыщIагъэщамкIэ, Чеченов А. Р. щIыпIэм щыпсэухэр хигъэхьэрт дунейпсо террорист зэгухьэныгъэхэм. Ипщэ округым и дзэ судым и унафэ къару зыгъуэтам ипкъ иткIэ, Чеченов А. Р. къалъытащ УФ-м и УК-м и 222-нэ статьям и 4-нэ Iыхьэм, УФ-м и УК-м и 205-нэ статьям и 1.1 Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэхэр илэжьауэ икIи илъэси 10 тралъхьащ, хабзэхэр щыткIий тутнакъэщым щрихьэкIыну.
Поделиться:
Читать также:
11.07.2026 - 13:45 →
Унагъуэ. Лъагъуныгъэ. Зэхуэпэжыныгъэ
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
11.07.2026 - 12:26 →
Яухынущ дызэрыт илъэсым
11.07.2026 - 11:18 →
Къызэрагъэпэщынущ кIэлъыплъыныгъэ
11.07.2026 - 11:00 →
Къалэм и зэIузэпэщыгъэр яубзыху
| ||




