ЩIэблэр лъэпкъым и гугъапIэщ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм ди лъэпкъэгъухэм я сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ ядэлэжьэным гулъытэ хэха хуэщIыныр пщэрылъ зыщищIыжа Iуэхугъуэхэм ящыщщ.
ДАХ-м и Тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зэIущIэ убгъуам щищIа къэпсэлъэныгъэм къыщыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщагъэпсэху икIи узыншагъэр щызэфIагъэувэж и IуэхущIапIэхэмрэ санаторэхэмрэ Иорданием, Тыркум, Сирием, Израилым, Осетие Ищхъэрэ – Аланиемрэ Ставрополь щIыналъэмрэ щыщу сабии I00-м нэблагъэ зэрыщыIар. ДАХ-м илъэс къэс къызэригъэпэщ щэнхабзэ-узэщIакIуэ лагерым ирегъэблагъэ Сирием къикIыжауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмрэ мэздэгу адыгэхэмрэ я щIалэгъуалэр. Лагерым и программэм Iэмалыншэу хэтщ адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ теухуа курс гъэпсынщIахэр, Адыгэ Хабзэм, лъэпкъ щэнхабзэм теухуа дерсхэр. НыбжьыщIэхэм гъэщIэгъуэн ящыхъуу адыгэ къэфэкIэм, дыщэидэм, пхъэм сурэт къыхэгъэжьыкIыным, арджэн щIыкIэм ехьэлIауэ къызэдгъэпэща мастер-классхэм хэтщ.
КъБР-мрэ КъШР-мрэ я къэралыгъуэхэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси I00 щрикъум ирихьэлIэу хэгъэгуитIым къыщыхалъхьа щэнхабзэ-узэщIакIуэ жэрдэмхэм япкъ иткIэ Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ еджакIуэхэр, абыхэм я адэ-анэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ ди щIыпIэхэм зыщаплъыхьыну плIэнейрэ къэкIуащ. ЗекIуэм и къызэгъэпэщакIуэхэр хущIэкъуащ адыгэхэр хэгъэгу зэпэщхьэхуэхэм щыпсэуми, зы лъэпкъыу зэрыщытым, зы бзэкIэ зэрыпсалъэм, зы тхыдэ зэраIэм щIалэгъуалэр щагъэгъуэзэну.
ДАХ-мрэ Тыркум, Иорданием, Сирием щыIэ Адыгэ Хасэхэмрэ жыджэру толажьэ адыгэ щIалэгъуалэр Хэкум щыIэ университетхэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызрагъэгъуэтыным тегъэгушхуэным. Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым еджэныгъэ визэхэмкIэ мы зэманым цIыхуи 73-м щIэныгъэ щызрагъэгъуэт, цIыхуиплIыр КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым щоджэ. Студент хъуахэм псоми стипендие къахь, пщIэ щIамыту общежитхэм щIэсщ.
Хэкум щIэныгъэ нэхъыщхьэрэ IэщIагъэрэ щызэзыгъэгъуэта ныбжьыщIэхэр дунейм дезыпх лъэмыж зэрыхъум шэч хэлъкъым. Абыхэм я фIыгъэкIэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум, Европэм, Азием, Америкэм щэнхабзэ, щIэныгъэ, экономикэ, политикэ я лъэныкъуэкIэ яхудиIэ зэпыщIэныгъэхэм заужь, йофIакIуэ. ДАХ-м иригъэкIуэкI зэхуэсхэм, щэнхабзэ зэхыхьэхэм, зэпеуэхэм, гъэлъэгъуэныгъэхэм хамэ къэрал къикIа адыгэ студентхэр зэпымыууэ къыхешэ, а щIыкIэм тету ахэр хэку гъащIэм нэхъ гъунэгъу хуещI, лъэпкъ щIэныгъэм къыщыхъу гъэщIэгъуэнхэм щегъэгъуазэ.
Сирием къикIыжа ныбжьыщIэхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым и еджапIэхэр фIы дыдэу къэзыуха нэрыбгипщI ДАХ-м иригъэблагъэри игъэлъэпIащ, щытхъу тхылърэ фэеплъ тыгъэхэмкIэ игъэгушхуащ.
ДАХ-р иужь итщ хэкурысхэмрэ хэхэсхэмрэ бзэ, дуней лъагъукIэ, щэнхабзэ я лъэныкъуэкIэ я зэхуаку къыдэхъуэ зэщхьэщыкIыныгъэхэр къэмыгъэхъуным. Абы жылагъуэ зэгухьэныгъэр зэрыпэщIэт Iэмалхэм ящыщщ ди лъэпкъэгъухэм адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ щызрагъэщIэну Iэмал яIэу пэIудзауэ едгъэкIуэкI видеокурсхэр. Мы проект гъэщIэгъуэныр ДАХ-м КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министерствэм и гъусэу ирегъэкIуэкI. Курсым къыхохьэ Тыркум, Иорданием, Сирием, Германием, Финляндием, Голландием, Тунисым щыщ адыгэхэр. Тыркум щыIэ КАФФЕД-м, Германиемрэ Иорданиемрэ щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэхэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэшхуэм ипкъ иткIэ, 2020 гъэм курсхэм цIыхуищэм щIигъу къыхыхьамэ, 202I гъэм а бжыгъэр 2I0-м щIигъуащ, 2022 гъэм цIыху 300-м нэсащ. Курсхэм къыхыхьэхэм зрагъащIэр адыгэбзэм и закъуэкъым, абы къыдэкIуэу урысыбзэри яджыну Iэмал яIэщ. Хэкум къэкIуэжыну хуейхэмкIи ар щIэгъэкъуэнышхуэщ, адэжь лъахэм хэсыхьыжыныр псынщIэ ящызыщI Iуэхущ.
Хэкум къихьэжа ди лъэпкъэгъухэм адэжь хэкум зыщаплъыхьыну, тхыдэ икIи щэнхабзэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэ гъэщIэгъуэнхэр зрагъэлъагъуну Iэмал языт программэхэри щIэх-щIэхыурэ ДАХ-м къызэрегъэпэщ. Апхуэдэу, 20I9 гъэми 2020 гъэми Тыркумрэ Иорданиемрэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу зыплъыхьакIуэ къэкIуахэм Iэмал яIащ ди къуажэхэр зрагъэлъагъуну, ди цIыхум и щыIэкIэмрэ псэукIэмрэ зыхуэдэр зрагъэщIэну. Мыпхуэдэ проектхэм зы лъэпкъым къыхэкIа цIыхухэр, ахэр дэнэ щIыпIэ щымыпсэуми, зэпэгъунэгъу зэрищIыр гурыIуэгъуэщ.
Зы лъэныкъуэ Iуэхуу щымыту, хамэщI щыпсэухэми мыпхуэдэ жэрдэмхэри къыхалъхьэ. Апхуэдэу 20I9 гъэм АР-м, КъБР-м, КъШР-м щыщ сабийхэр ирагъэблагъэри, Тыркумрэ Израилымрэ щыIэ Адыгэ Хасэхэм къызэрагъэпэща гъэмахуэ зыгъэпсэхупIэхэм щыIащ. Сабийхэм Iэмал яIащ хэхэс гъащIэр зи натIэ хъуа ди лъэпкъэгъухэм я щыIэкIэ-псэукIэм, зэрахьэ хабзэхэм зыщагъэгъуэзэну.
Адыгэ жылагъуэхэм къызэрагъэпэщ щэнхабзэ зэхыхьэхэм щIалэгъуалэм увыпIэшхуэ щаубыд, ахэр зэрыубыдыным, зы щIыным, зэкъуэгъэувэным хуэгъэпсауэ. ЩIэблэр лъэпкъым и гугъапIэ нэхъыщхьэу, и мылъку нэхъ ин дыдэу зэрыщытыр зыми зыщигъэгъупщэркъым, къыхалъхьэ жэрдэм псори абыхэм я лъэпкъыщхьэр хъумэным, я пщэдейм адыгэ фащэ щытIэгъэным теухуащ.

ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.
Поделиться: