Я лэжьыгъэм кърикIуахэр зэхалъхьэж

Урысей ФССП-м и Управленэу КъБР-м щыIэм щекIуэкIащ 2022 гъэм я лэжьыгъэм кърикIуахэм теухуа зэIущIэ.  Урысейм и суд приставхэм я федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI – Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Суд пристав нэхъыщхьэ Бауаев Ахъмэт зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ я лэжьыгъэм зэрыпэлъэщам.
 КъызэднэкIа илъэсым IэнатIэм и лэжьыгъэр нэхъыбэу зытригъэщIахэм ящыщщ цIыхухэм я хуитыныгъэхэмрэ хабзэм ипкъ иткIэ я сэбэп зыхэлъхэмрэ къызэгъэпэщыныр.
Илъэс кIуам суд приставхэм я пащхьэ илъащ зэлэжьыпхъэ дэфтэр II27665-рэ икIи унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм ехъулIэныгъэхэр щаIэщ. ЩIыхуэ зытелъхэм ирагъэпшынащ сом меларди 4,9-рэ, ипэ ита илъэсым елъытауэ процент 29,7-кIэ нэхъыбэ.
- Управленэм къыхуагъэхь унафэхэм ящыщ куэдыр ехьэлIащ Къэрал автоинспекцэм хабзэм ебакъуэхэм ятрилъхьэ къуэдыхэм. Абы и лъэныкъуэкIэ 2022 гъэм елэжьри, зэхуащIыжащ Iуэху мин 274-рэ икIи гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэр къызэпызыудахэм сом мелуани I92-рэ ирагъэпшынащ, чэфу рулым дэтIысхьахэм япшына сом мелуан II-ри хыхьэу. Ди лэжьыгъэр нэхъри ефIэкIуэн папщIэ КъБР-м щыIэ МВД-м дыдолажьэ. ЗэщIыгъуу рейдхэр идогъэкIуэкI. Управленэм и лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм язщ цIыхухэм я хуитыныгъэхэр зэфIэгъэувэжыныр. Къапщтэмэ, улахуэу сом мелуани 8,I-рэ едгъэпшыныжащ лэжьапщIэ зымытахэм. Къыхэзгъэщынщи, яхуэдгъэувхэр зэрагъэзащIэм и фIыгъэкIэ, улахуэмкIэ щIыхуэ зытехуахэм ар егъэпшыныным ехьэлIауэ зэлэжьыпхъэхэр иужьрей илъэси 4-м процент I6-м щIигъукIэ нэхъ мащIэ хъуащ. Ар кърикIуащ республикэм и прокуратурэм и IэнатIэхэм дазэрыдэлажьэм, - жиIащ Бауаев Ахьмэт.
Балигъ мыхъуахэр пIыным ехьэлIауэ адэ-анэхэм я къалэнхэр щамыгъэзащIэм деж суд приставхэм къагъэсэбэп Iэмалхэм я фIыгъэкIэ илъэс кIуам ахъшэу ирагъэпшынам хэхъуащ икIи сом мелуан 322-рэ сабийхэм Iэрагъэхьэжащ. 202I гъэм ар зэрыхъуар сом мелуан 242-рэт. УнафэщIым къызэрыхигъэщащи, абы и Iэмал нэхъыщхьэхэм язщ алимент зытын хуейуэ зымыпшынхэм банкхэм щахъумэ я ахъшэр убыдыныр, е я лэжьапщIэм хагъэкIыу Iуэхур зэтраублэныр.
 КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм зэрадэлажьэм и фIыгъэкIэ сабий зеиншэхэм, адэ-анэм я нэIэм щIэмыту къэна сабийхэм псэупIэхэр иратыным ехьэлIауэ зэлэжьхэр нэхъ мащIэ хъуащ - 276-м и пIэкIэ 239-м нэсащ. Къапщтэмэ, 2022 гъэм фэтэрхэм ехьэлIа тхылъ 37-рэ зэфIагъэхьащ.
 Апхуэдэуи суд приставхэм я нэIэ тетщ хущхъуэхэкIхэм хуэныкъуэхэу ахэр къэралым зритын хуейхэр абыхэмкIэ тэмэму яIэрыхьэным.
Управленэм зэфIих лэжьыгъэхэм ящыщщ судхэр щекIуэкIкIэ хабзэр къызэгъэпэщыныр. Суд зэIущIэ мин 25-м нэблагъэм щIэщхъу къыщагъэхъуакъым. Хэгъэзыхьурэ судым кърашэлIащ Iуэхухэр щекIуэкIкIэ абыхэм хэтыным зыпыIузыдзу мини 4-м щIигъу. Административнэ жэуапым ирашэлIащ II79-рэ.
- ИпэжыпIэкIэ, къэдгъэсэбэп Iэмалхэр щхьэпэщ. ФССП-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр зэкъуэтщ икIи цIыхухэм, къэралым я дежкIэ сэбэп зыхэлъ суд Iуэхухэр зыхуей хуэзэу екIуэкIыныр къызэгъэпэщыным хуэхьэзырщ. Законым деж псори щызэхуэдэщ, абы и къарур – ар гъэзэщIэнырщ, - жиIащ суд пристав нэхъыщхьэм.
 ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и УФССП-м и къудамэхэм я унафэщIхэу, къэрал кIуэцI къулыкъум и подполковник Тэнащ Хъусен, къэрал кIуэцI къулыкъум и майор Свистунов Алексей, къэрал кIуэцI къулыкъум и майор Абдуллаев Алий сымэ. Ахэр кIэщIу къытеувыIащ я нэIэ зытет унэтIыныгъэхэм я ехъулIэныгъэхэм.

УЭРДОКЪУЭ Женя.
Поделиться: