Зэрагъэдахэ Iэмалхэм къахохъуэ

Къалэухуэ IэнатIэхэм яхузэфIэкI къагъанэркъым ди къалащхьэм и теплъэр егъэфIэкIуэным теухуауэ.
Щыхьэрым и теплъэ щыжытIэкIэ, абы лъэныкъуэ куэд къызэщIеубыдэ къалэдэсхэм зыщагъэпсэху, къыщакIухь щIыпIэхэр, ирехъу ар парк, лъэс зекIуапIэ, пщIантIэ зэлъыIуха, цIыхум и гукъыдэжыр къэзыIэт, щIэщыгъуэ ящызыщI дизайнер лэжьыгъэ зэхьэлIа сыт хуэдэ щIы кIапэри. Апхуэдэ лэжьыгъэхэрщ дэтхэнэ зы къалэми, ар ягъэдахэ къудей мыхъуу, нэгъуэщIхэм къахэзыгъэщ теплъэ нэс хуэхъур.
Псалъэм папщIэ, ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм (Налшык къалэ) гранит фIыцIэм къыхэщIыкIауэ ит псыутх (фонтан) нэхъ ин дыдэм хуэдэр зырызщ. Гранитым и быдагъым къикIунур зыхуэдизыр къэплъытэмэ, ар Налшык и архитектурэ, дизайн тхыдэм лIэщIыгъуэ псокIэ къыхэнэну лэжьыгъэщ. Абыхэм къакIэрыхуркъым гъущIыфIым икIи быдэм къыхэщIыкIа уэздыгъэ пкъохэмрэ абыхэм фIадза фонар дахэхэмрэ. Абыхэм хуэмурэ къыхоувэ зи лъакъуэхэр гъущI гъэщIэрэщIам къыхэщIыкIа тетIысхьэпIэхэр, хъринэхэр. Апхуэдэхэр щыфлъэгъунущ Абхъазым и утым къыбгъэдэтыпэу къызэIуаха нэгу зыужьыпIэ - гъэлъэгъуапIэм. Иджыблагъэ абы и щIыхьэпIэ утым щагъэуващ гъэ псом щхъуантIэу щытыну жыгхэр зэрыт кхъуэщын инышхуэхэр ( метр I,5-м нос). ЩIымахуэм нэхъ фае къэхъу лъэс зекIуапIэм къыхэлыдыкIыу ахэр балиифэ дахэу лащ.
 Головком и уэрамым тет сабий поликлиникэм къыпащIыхьыжа ухуэныгъэм ноби йолэжь. Блынхэм кIэралъхьа плиткэ щхъуэкIэплъыкIэхэм екIупсу бжэIупэр щIадзауэ ягъэщIэращIэ: щIыхьэпIэм туе щхъуантIэхэр щыхасащ. Нэр ямыхьэхуу къанэркъым сабийхэм я нэкъыфIэщIым сыткIи техуэу ягъэува тетIысхьэпIэхэм; языныкъуэхэр хъуреибзэщ, сабийр щешым зригъэщIеикIыпэ хъуну. IэплIэрыс цIыкIухэм тещIыхьауэ абыхэм яхэтщ, дамэ цIыкIуитI тет, хъурзэхэр зэдзылIа парус кхъуафэжьей теплъэ зиIэ тIысыпIэ щхьэхуэхэр, щхъуэкIэплъыкIэу лэжарэ, зы сабий блэмыкIыну.
Абыхэм ящIыдгъужынщ Хъураным и уэрамым хуэзэ лъэс зекIуапIэм ит хъыринэшхуэр. Ар илъэс куэдкIэ зекIуэн хуэдэу пхъэмрэ гъущIымрэ къыхащIыкIащ. ЗэрыщIымахуэми емыплъу, абы ещIэу ису щыплъэгъунущ щIалэгъуалэри ныбжь хъарзынэ зиIэхэри. Ди къалащхьэр зыгъэдахэ апхуэдэ IэрыщIхэм кIуэ пэтми къахохъуэ. Псом ящхьэращи, IэхъуэтегъэкI мыхъуу, лэжьыгъэхэр егугъуу кърахьэлIэ хъуащ, къакIэлъыкIуэнухэми фэеплъу къахуэнэн, къахуэсэбэпын хуэдэу.
 Пхъэм елэжьынымкIэ ди щIыналъэм сыт щыгъуи цIыху IэпщIэлъапщIэхэр иIащ. Иужьрей илъэси I0-I5-м апхуэдэу къэунэхуащ гъущIым елэжьхэри. Абыхэм я зэфIэкIымрэ я лэжьыгъэмрэ гу лъыптэн щхьэкIэ, къалэм дэт уней лъапсэхэм халъхьэ куэбжэхэр плъэгъун хуейуэ аркъудейщ. Къахэбгъуэтэнущ абыхэм «щедевр» - кIэ узэджэ хъун куэд. ФIагъ ин зыбгъэдэлъ гъущI ягъэж зэрыхъуам имызакъуэу, гъукIэхэм къызэкъуах зыми емыщхь художественнэ еплъыкIэ телъыджэхэр, лъэпкъым къыдекIуэкIа зэчийм кIуэдыпIэ зэримыIэр, абы къызэрытригъэзэжыр нэрылъагъу тщищIу.

Лъостэн Музэ.
Поделиться:

Читать также: