ЩIэныгъэм зэрыдрагъэхьэх Iэмал

Ислъэмей дэт курыт еджапIэ №4-нэм щекIуэкIащ XVIII районпсо «Эврика» щIэныгъэ - практикэ конференц. Ар хуэунэтIат творческэ зэчий зыбгъэдэлъ еджакIуэхэр къэгъэнэIуэнымрэ щIэныгъэ - къэхутэныгъэ и лъэныкъуэкIэ абыхэм я зэфIэкIым хэгъэхъуэнымрэ.

IыхьитIу гуэшауэ екIуэкIа зэIущIэм щIэныгъэ лэжьыгъэу 200-м нэс щагъэлъэгъуащ. ЯпэщIыкIэ «заочнэ» мардэм тету  къыхаха лэжьыгъэ нэхъыфIхэрщ конференцым щагъэлъэгъуар.

Конференцым 30-м еджакIуэу 180-м я зэфIэкI щагъэлъэгъуащ. ЩIэныгъэ гъуэгуанэр къыхэзыха ныбжьыщIэхэм утыку ирахьащ урысыбзэмрэ литературэмкIэ, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ, хамэ къэралыбзэхэмкIэ, математикэмкIэ, информатикэмкIэ, жылагъуэ, естественнэ щIэныгъэхэмкIэ, педагогикэмкIэ, лъахэхутэмкIэ, IэпщIэлъэпщIэнымкIэ я лэжьыгъэхэр. ЗэIущIэр екIуэкIащ 3D - моделированэ, робототехникэ мардэхэм тету.

Абы хэтащ пэщIэдзэ классхэм щеджэ цIыкIухэри. Абыхэм папщIэ къызэрагъэпэщат «Узыншагъэр тхъумэнщ», «ЩIыуэпс», «Сэ сыдэзыхьэх Iуэхухэр», «Дыкъэзыухъуреихь дуней» къудамэхэр.

Конференцым хэта школакIуэ нэхъыжьхэми нэхъыщIэхэми щIэныгъэрэ зэфIэкIрэ зэрабгъэдэлъыр ягъэлъэгъуащ, къыхуагъэува къалэнхэми хъарзынэу пэлъэщащ.

«Эврика» зэIущIэм и етIуанэ Iыхьэм щIыналъэм щыщ еджакIуи 127-м фIым я фIыжу зыкъыщагъэлъэгъуащ. Бжьыпэр зыубыдахэм псалъэ гуапэ яжриIащ «Бахъсэн щIыналъэм егъэджэныгъэмкIэ и управленэ» МУ-м и унафэщI Абрэдж Тамарэ.

ХЭЖЬ Ларисэ. «Бахъсэн щIыналъэм егъэджэныгъэмкIэ и управленэ» МУ - м и щIэныгъэлI нэхъыщхьэм и къалэныр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ.
Поделиться:

Читать также: