Зэхьэзэхуэр мэунэри, зэижитIыр мэунэхъу

Дунейпсо Адыгэ Хасэр, и цIэм къызэрыхэщщи, дуней псом щикъухьа лъэпкъым ядэлажьэ, къэралыбэм я хабзэхэр къилъытэкIэрэ жылэм ифI зыхэлъхэр дэзыгъэкI зэгухьэныгъэщ. Дауи, къэралым и мылъку зыхимылъхьэ сыт хуэдэ зэгухьэныгъэри мылъку хуэныкъуэщ, зыщищIыжа къалэнхэр нэсу зэщIа хъун папщIэ. Зэхьэзэхуэр мэунэри, зэижитIыр мэунэхъу, жи адыгэ Iущыгъэм. ИщI жэрдэмхэр къыдэхъун папщIэ, ДАХ-р Къэбэрдей-Балъкъэрми Урысейми щрагъэкIуэкI грант зэхьэзэхуэхэм хохьэ, абыхэм я фIыгъэкIэ жылагъуэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэ зыкъом зэхешэ.
Псом япэ къыхэгъэщын хуейщ ДАХ-р Президент грантхэм я Фрондым иригъэкIуэкI зэхьэзэхуэхэм плIэнейрэ зэрыщытекIуар. «Iуащхьэмахуэ щыгум щекIуэкI зэпсэлъэныгъэхэр – XXI: зэгурыIуэр, зэныбжьэгъугъэр, лъэпкъ зэпыщIэныгъэхэр» зыфIища пэхуэщIэр (проектыр) мызэ-мытIэу нэхъыфI дыдэхэм ящыщу къалъытащ.
Урысей дипломат цIэрыIуэ Горчаков Александр и цIэр зезыхьэ фондым и гъусэу ДАХ-м дунейпсо мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэ зыбжанэ иригъэкIуэкIащ. Апхуэдэу, 20I4 гъэм ДАХ-м япэ дыдэу иригъэкIуэкIащ «Iуащхьэмахуэ щыгум щекIуэкI зэпсэлъэныгъэхэр-2014» жылагъуэ-щэнхабзэ форумымрэ «Кавказ уэршэрхэр-20I4» щIэнIуатэмрэ. Абы къищынэмыщIауэ, 20I9 гъэм и шыщхьэуIу мазэми ДАХ-м иригъэкIуэкIащ Адыгэ щIалэгъуалэм я дунейпсо форум. Дуней псом щыцIэрыIуэ дирижёр, жылагъуэ лэжьакIуэ, СССР-м и цIыхубэ артист Темыркъан Юрэ Хьэту и къуэр а зэIущIэм къызэрихьэлIар куэдым гукъинэж ящыхъуат. Форумым и лэжьыгъэм хэта адыгэ ныбжьыщIэхэр щIалэгъуалэм я псэкупсэ дунейм зезыгъэужь, щIэныгъэмрэ щэнхабзэмкIэ щыIэ зэпыщIэныгъэхэм зезыгъэубгъу программэхэм жыджэру хэтщ. ДАХ-м къызэригъэпэщ а Iуэхугъуэхэм тригъэкIуадэ мылъкур Горчаковым и Фондым и грантхэм къыхокI. Къыхэгъэщын хуейщ фондым и грантыр ДАХ-м тхуэнейрэ къызэрыхуагъэфэщар.
КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и дэIэпыкъуныгъэ хэлъу ДАХ-м иригъэкIуэкIащ «ЦIыхубэ дипломатиер лъэпкъ зэхущытыкIэфIхэм я шэсыпIэщ» зи фIэщыгъэ пэхуэщIэр. Апхуэдэу КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министерствэм, ДАХ-м диIыгъри, «Зэныбжьэгъугъэм и Хасэ» егъэджэныгъэ-щэнхабзэ форумыр, «Анэдэлъхубзэр лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэщ» пэхуэщIэр, адыгэ фащэм теухуа «Схуадами фащэр си пкъым хуэфIу, зэры-Кавказу ар хуэхъуащ…» хэгъэгупсо гъэлъэгъуэныгъэр иригъэкIуэкIыфащ.
ДАХ-м и цIэр къэIэтынымкIэ мыхьэнэ пыухыкIа иIащ 20I7 гъэм накъыгъэм и 27 – 29-хэм Мэзкуу щекIуэкIа, Евразием щыпсэу лъэпкъхэм я Ассамблеем и Япэ зэхуэсым зэрыхэтами. Ди къэралым щыпсэу лъэпкъхэм къищынэмыщIауэ, абы хэтащ хамэ къэрал 60-м я лIыкIуэхэри.
ДАХ-р 2022 гъэм гъатхэпэм и 25-м хэтащ УФ-м и Президентым деж щыIэ, Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ Советым, лъэпкъ, лъэпкъ-щэнхабзэ, жылагъуэ-чэнджакIуэ зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэм я зэхуэсым. Абы къыщащта унафэм ипкъ иткIэ 2022 гъэм накъыгъэм и I7-м «Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я Ассамблее» зи фIэщыгъэ жылагъуэ-къэрал зэгухьэныгъэр дунейм къытехьащ. УФ-м и Президентым и Iуэхухэр щызэрагъакIуэ къулыкъущIапIэм и унэм Iэтауэ къыщызэIуаха а хасэщIэм къалэнышхуэ и пщэ дэлъщ – ди къэралым щыпсэу лъэпкъхэр мыкIуэдэжын папщIэ зэфIахын хуей Iуэхугъуэхэр унафэщIхэм я деж нэхьэсынырщ, зыIууэ гугъуехьхэм я зэфIэхыпIэхэр къэгъуэтынырщ.
20I9 гъэм мэкъуауэгъуэм и 2I – 24-хэм Мэзкуу Урысей Федерацэм хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министр Лавров Сергейрэ урысей щIыналъэхэм щыIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэмрэ я зэIущIэ щекIуэкIащ. Ари къызэзыгъэпэщар Горчаков Александр и цIэр зезыхьэ фондырщ. ЩIэх-щIэхыурэ ирагъэкIуэкI мы зэхуэсым нэхъыбэу зыщытепсэлъыхьар щIыналъэхэм щызэхаша жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм хамэ къэралхэм хуаIэ пыщIэныгъэхэр щIэгъэхуэбжьэнырщ, щIалэгъуалэм драгъэкIуэкI лэжьыгъэхэр нэхъыбэ щIынырщ, тхыдэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэм зэрыхуейм хуэдэу къызэзыгъэдзэкIхэм икIи зытххэм япэщIэува хъунырщ.
Илъэс куэд лъандэрэ ДАХ-м, Горчаков Александр и цIэр зезыхьэ фондыр и щIэгъэкъуэну, 2022 гъэм фокIадэм и I9 – 20-хэм Налшык къалэ дунейпсо щIэныгъэ зэхуэс щызэхишащ. МахуитIкIэ зэхэта щIэнIуатэм щIэныгъэрылажьэхэр Iуэхугъуэ куэдым щытепсэлъыхьащ: хэгъэгур дунейпсо икIи къэралпсо политикэ, жылагъуэ-экономикэ, щэнхабзэ, щIэныгъэ-егъэджэныгъэ дунейм зэрыхэувэм, лъэныкъуитI зэхущытыкIэхэм зэрызаужьым, нэгъуэщIхэми. ЗэIущIэм хэта дэтхэнэми Iэмал иIащ IэщIагъэлIхэм епсэлъылIэну, мыхьэнэ зрит упщIэхэмкIэ захуигъэзэну, къапщтэмэ, Урысейм, пыухыкIауэ жыпIэмэ, КъБР-м и пщIэр дунейпсо утыкум, хэхауэ къэбгъэлъагъуэмэ, Тыркум, къыщыпIэт зэрыхъуну щIыкIэхэмрэ IэмалхэмкIэ зыдигъэгуэшэну. Фондым пэхуэщIэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI Макурин Никитэ къызэрыхигъэщащи, мыпхуэдэ зэIущIэхэр къыщIызэрагъэпэщыр зы лъэпкъым щыщу Урысеймрэ хамэ къэрал щыпсэухэмрэ зэпищIэнырщ, лъэмыж папщIэ яхуэхъунырщ.
Апхуэдэу къыхэгъэщын хуейщ ДАХ-р 2022 гъэм щэкIуэгъуэм и I7-м Мэзкуу щекIуэкIа Урысейпсо щIэныгъэ зэхуэсым зэрыхэтари. УФ-м и Президентым деж Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ щыIэ советыр къызэрызэрагъэпэщ, 2025 гъэ пщIондэ ягъэзэщIэн хуей Къэрал лъэпкъ политикэм и Стратегиер зэрызэхалъхьэрэ илъэси I0 щрикъум ирихьэлIэу ирагъэкIуэкIа а зэхуэсым дунейпсо адыгэ зэгухьэныгъэр зэрыхэтами мыхьэнэ иIэщ – лъэпкъыу дунейм дызэрытетыр, дызыщIэхъуэпси икIи дызыхущIэкъуи зэрыщыIэр къэрал унафэщIхэм ящIэн хуейщ.
Грант зэхьэзэхуэхэм ДАХ-р жыджэру зэрыхэтым, къыхилъхьэ пэхуэщIэхэм гъуэгу зэрагъуэтым къыхэкIыу, Хасэшхуэр утыку куэдым ихьэн лъокI, лъэпкъым и гумэщIыгъуэхэр зыщIэн, абы и макъыр зэхэзыхын хуей къулыкъущIэ куэдым я деж нехьэс.

ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.
Поделиться: