Зи фэеплъыр уахътыншэхэрМазаем и 15-р Афган зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ. Советыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ мы гъэм илъэс 34-рэ ирокъу. Языныкъуэхэм зэратхымкIэ, Амударья (Термез къалэм) псыежэхым иужьрей дыдэу къызэпрыкIыжат генерал-полковник, гупым я унафэщI Громов Борис. Ауэ ипэжыпIэкIэ Афганистаныр иужьрейуэ къэзыбгынауэ щытар гъунапкъэхъумэхэрщ, советыдзэхэм я щIыбагъым къыдэту. А Iуэхугъуэм Совет Союзым дежкIэ къигъэлъагъуэр зыт – илъэсипщIым нэблагъэкIэ екIуэкIа, совет цIыху мин 15-м зи гъащIэр зыхалъхьа Афган зауэр иухауэ арат. …Дунейпсо цIыхубэм Совет Союзыр къыхуриджэрт и зауэлIхэр Афганистаным къришыжыну. Апхуэдэ унафэхэр къыщызэпхагъэIукIыу щыщIадзащ къэрал кIуэцIми. Iуэхур кIыхьлIыхь хъуат. Дауэ мыхъуами, I988 гъэм и мэлыжьыхьым псори нэхъ нахуэ хъуащ. А махуэм Пакистанымрэ Афганистанымрэ хамэ къэрал IуэхухэмкIэ я министрхэм, ООН-м и лIыкIуэхэр яхэту, Швейцарием Iэ щыщIадзат Женевэ зэгурыIуэныгъэ жыхуаIэм. Абы щIигъэбыдэ Iуэхугъуэхэм язт Совет Союзым и дзэхэр мазибгъум къриубыдэу къришыжын зэрыхуейр. А Iуэхум яужь ихьащ 1988 гъэм накъыгъэ мазэм. Афган зауэр щиухыпар 1989 гъэрщ. Зи гугъу тщIа Женевэ зэгурыIуэныгъэхэм япкъ иткIэ, Америкэм и Штат Зэгуэтхэмрэ Пакистанымрэ я къалэнт зауэр егъэкIуэкIыным и телъхьэхэм IэщэкIи нэгъуэщIкIи зэрадэIэпыкъур щагъэтыну, ауэ, къыхэгъэщыпхъэщ, а Iуэхур абыхэм мызэ-мытIэу къызэрызэпаудар. Ди хэщIыныгъэхэр Абы лъандэрэ мазаем и 15-р, зэрыжытIауэ, Афган зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэу йокIуэкI. А Iуэхур ягу къыщагъэкIыж Совет Союзым хэта къэрал псоми. Зи псэугъуэ щIалэгъуалэ мин 15-м щIигъум я гъащIэр халъхьащ абы. Зауэ IэнатIэм Iуту хэкIуэдамрэ хъыбарыншэ хъуахэмрэ цIыху 14 427-рэ хъурт. СССР-м и КГБ-мрэ (цIыху 576-рэ) МВД-мрэ (28-рэ) я лэжьакIуэхэри хэтщ а бжыгъэм. Мазаем и 15. Фэеплъ махуэщ нобэ. Я иужьрей сыхьэтыр афган щIыналъэм щызыгъэкIуа, зи благъэ-Iыхьлыхэр зылъагъужыну къызыхуимыхуа щIалэхэм я фэеплъщ.
Поделиться:
Читать также:
18.03.2025 - 15:21 →
ФифI фымыгъэпуд, фи Iей фымыгъэпщкIу
18.03.2025 - 14:30 →
НэхъыфIым и шэсыпIэхэр
17.03.2025 - 14:36 →
Ахъшэр зыужьыныгъэм къыхуагъэсэбэп
17.03.2025 - 13:33 →
Шэмрэ шатащхьэмрэ
17.03.2025 - 13:00 →
Шхыныгъуэ пщтырхэмкIэ къызэрагъэпэщ
|