Гулъытэм и гъунапкъэ

«Уэрамым дэт хьэ хьэулейхэм фахуэсакъ»… Иужьрей зэманым дэтхэнэ зыми и тхьэкIумэм итщ а псалъэхэр. А Iуэхум убгъуауэ топсэлъыхь Урысейм къыщыдэкI газетхэри. Къэтхьынщ мыпхуэдэ бжыгъэхэр: иужьрей илъэситIрэ ныкъуэм ди къэралым и цIыху мин 900-м нэхърэ нэхъыбэм хьэхэм я зэран къекIащ. Апхуэдэ къэпщытэныгъэхэр щрагъэкIуэкIа щIыналъэ 35-м ар тедгуэшэжмэ, абыхэм я дэтхэнэми ар цIыху 256-м щыноблагъэ. Хьэхэр зэдзэкъахэр зыщIэлъэIур а псэущхьэхэр щаIыгъын щIыпIэ хэха къахуэгъуэтынырщ. Ди «Адыгэ псалъэ» газетми а Iуэхум къыпикIухьыркъым.

Псалъэм папщIэ, иджыблагъэ къытIэрыхьащ Налшык щыщ цIыхубзым и тхьэусыхафэ. Ар тогузэвыхь къалащхьэм и «Дэшхуей гуэрэным» ит хьэхэр зыгуэрхэм зэтрагъалIэу зэрыхуежьам.

- Iуэху игъуэджэщ - хейр мыхейм здихьынущ. Абыхэм ящыщ куэдыр ветцентрхэм я Iуэхутхьэбзэхэми пхыкIауэ шынагъуэншэщ. ЦIыхум къызыкъуих апхуэдэ гущIэгъуншагъэр къыдэкIуэтей щIэблэм щапхъэ яхуохъу. Щхьэ димыIэрэ гущIэгъуншэу езы цIыхухэм уэрамым къыдаутIыпщхьэ хьэхэм я увыIэпIэ? - жеIэ абы.

ЖыпIэнурамэ, илъэси 10 ипэкIэ «Налшык и зоопарк» МУП-м хьэхэр щаIыгъ егъэзыпIэ хъарзынэ иIащ, а IуэхущIапIэм и унафэщIу илъэс куэдкIэ лэжьа Iэрэмысэ Аслъэнбий и жэрдэмкIэ къызэIуахауэ. Хьэхэр зыхуей хуэзэу щаIыгът абы. Щэбэт - тхьэмахуэхэм къалэдэс сабийхэр абыхэм еплъын щхьэкIэ кIуэрт, уеблэмэ хьэ фIыуэ зылъагъухэм къалъыхъуэ лъэпкъхэм щыщ зэрымыщIэкIэ абыхэм къыщыхагъуати къэхъуу. Унэм щIэсу яIыгъа хьэфI дыдэхэр зейхэм къыхуашэу къыщрат щыIэт, яхуэмыгъэшхэж е нэгъуэщI щIыпIэ Iэпхъуэн хуей щыхъукIэ. Апхуэдэхэр къэзыщтэн мурад зиIэхэри зоопаркым екIуалIэрт. Волонтёрхэм къищынэмыщIауэ, апхуэдэ Iуэхум тегушхуа унагъуэхэри къахэкIащ, арщхьэкIэ я закъуэ къарукIэ пэмылъэщу «хьэхэм я егъэзыпIэр» зэхуащIыжын хуей хъуащ.

Урысейм и щIыналъэ псори иджыпсту хьэхэм я бэлыхьым хэтщ. Дэ нэхъ тпэгъунэгъухэм ящыщу Осетие Ищхъэрэ - Аланиер къэтщтэнщ: школакIуэр кIуэрыкIуэм тету къэзыувыхьа хьэ гупым къригъэлын щхьэкIэ ар зылъэгъуа цIыхухъур щхьэгъубжэм дэлъын хуей хъуащ. ЩIыпIэ-щIыпIэхэм щыхохъуэ хьэхэм яIэщIэкIуадэхэм я бжыгъэм.

Хьэ хьэулейхэр щIыпIэ хэхахэм щаIыгъыну фIэкIа, абыхэм лей къатехьэ мыхъуну 2020 гъэм къащта къэрал унафэм тету, Урысейм и щIыналъэ зыбжанэм сом мелуан бжыгъэхэр а Iуэхум халъхьащ, кърикIуэнур зэманым къигъэлъэгъуэнщ.

Иджыблагъэ къэIуащ зы хъыбарыфI. Налшык щаухуэнущ хьэ IыгъыпIэ. Абы хухаха щIыпIэр щIадзауэ ягъэкъабзэ.

ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться: