Адыгэ лъэпкъым и къэкIуэнур дахэщ

КъБР-м и сенатору УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым щыIэ Къанокъуэ Арсен АР-м щIыхь зиIэ и журналист ТIэш Светланэ къыIиха интервьюм гъэщIэгъуэн куэд щыжиIащ. Ауэ къулыкъущIэм илэжь псом къадэкIуэу къызыхэкIа лъэпкъым хуиIэ пыщIэныгъэр, адыгагъэм, хабзэм, бзэм теухуауэ иIэ гупсысэхэмрэ иригъэкIуэкI Iуэхухэмрэ къагъэлъагъуэ ар къызыхэкIам хуэфащэу дунейм зэрытетыр, адыгэ Iуэхур псом япэ зэрыригъэщыр.

- Зэманым дыдекIуу дыпсэун папщIэ, ди лъэпкъ хабзэжьым зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр халъхьэу къэгъуэгурыкIуэн хуейуэ къэплъытэрэ, екIуэкI глобализацэм елъытауэ. Хьэмэрэ ди нэхъыжьхэр зытетам дытетмэ, нэхъыфI?

- Си еплъыкIэм ухуеймэ, мыращ. Ди хабзэм и нэхъыбэр нобэрей гъащIэм фIы дыдэу йозэгъ. Дуней тетыкIэ екIу, цIыхугъэ лъагэ, нэхъыжьым хуэщIын хуей пщIэр, бзылъхугъэм кIэлъызэрахьэ хабзэхэр, нэгъуэщI куэди зыIэщIэдгъэхункIэ Iэмал иIэкъым. Ауэ хъуэжын хуей мащIи хэлъщ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, уэ унэхъыщIэщи, уи пIэ уисын хуейщ жыпIэу IубгъэкIуэту щымыту, тебгъэгушхуэу, и гупсысэ къебгъэIуатэу утыку къипшэн хуейуэ къызолъытэ. Ауэ иджыри зэ жызоIэри, нэхъыбэр иджырей зэманым йокIу. Мы хабзэр пхэлъмэ, уи лъэпкъэгъухэм я деж уи пщIэр зэрыщиIэтым и мызакъуэу, нэгъуэщI лъэпкъ, къэрал щыщхэми хуабжьу яфIэтелъыджэщ. Адыгэ хабзэ якIэлъызепхьэмэ, гу лъамытэнкIэ Iэмал иIэкъым. Уэ уесауэ яхуэпщI гулъытэр, абыхэм пщIэ егъэлеяуэ къащохъу.

Гугъукъым мыр зэманым дэбгъэлэжьэну. Хабзэр зы махуэм тIысу зыгуэрым къигупсысауэ, итхауэ щыткъым. АтIэ гъащIэм къытхилъхьа дахагъэу аращи, сыт щыгъуи екIуу къэдгъэсэбэпыфыну къысщохъу.

- Бзэмрэ хабзэмрэ зэгуэхыпIэ ямыIэу зэпхащ. Бзэр зыIурымылъым хабзэ хузехьэнукъым. Ди бзэр хъума хъун папщIэ сыт щIэн хуейр?

- Ди къэралым исхэми, хамэ къэралхэм щыпсэухэми адыгэбзэр зыгъэшэрыуэу яхэтыр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ хъууэрэ макIуэ. Апхуэдэурэ екIуэкIмэ, кIуэдыжыпэнкIи мэхъу. Бзэр щымыIэмэ, лъэпкъри щыIэжынукъым. Хэкурысхэращ мы Iуэхум нэхъыбэу елэжьын хуейр. Си щхьэкIэ хэслъхьэфынурати, мыбы елэжьынрэ гупыж зыщIрэ щыIауэ щытамэ, бзэр хъумэнымкIэ фонд къызэзгъэпэщынурэ, мылъкукIэ защIэзгъэкъуэнут. Мыр ди лъэпкъ интеллигенцэм япэ иригъэщын хуей Iуэхущ. Мылъку уиIэ къудейкIэ Iуэхур зэхуэхъунукъым. Аращи, проект, гупсысэ яIэу мы Iуэхур зыгъэкIуэтэн къытхэкIыу щытмэ, ноби сыхьэзырщ ахъшэкIэ сыдэIэпыкъуну.

ЕтIуанэрауэ, унагъуэм бзэр щыземыкIуэмэ, хабзэр щызэрамыхьэмэ, къэрал IуэхукIэ хъума хъунукъым. Мис ар зэхэтщIыкIыу дыпсэууэ щытамэ, къыдэхъулIэнут. Ди жагъуэ зэрыхъущи, иджыпсту адыгэ къуажэхэми дэлъ адыгэбзэр нэхъ мащIэ хъуащ.

Иужь уихьэ къудеймэ, хэкIыпIэ Iэджэ иIэщ мыбы. Ауэ сэ сызэреплъымкIэ, адыгэгу уиIэмэ, адыгэбзэр зумыгъащIэу уи гум къыпхуидэнукъым.

Си хъыджэбзыр зэрыс унагъуэр Америкэм къыщыхъуа пэтми, адыгэбзэр фIы дыдэу ящIэ. Си малъхъэми, адыгэбзэр ящIэн хуейщ жиIэри, и сабииплIым япэу яIурилъхьар ди анэдэлъхубзэращ. Ар щапхъэщ.

«ЩIэныгъэ щызэзгъэгъуэткIи, сыщылажьэкIи къэзгъэсэбэпынукъым адыгэбзэр, сыту сщIын», - жызыIэхэм я гупсысэр жыжьэ нэмысу къысщохъу. Адыгэбзэр щIызрамыгъащIэм и жэуапыр сэ уэстыфынукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, сэ си адэ-анэм сагъэщIащ, си бынхэм езгъэщIащ, иджы абыхэм я быныжхэми, зэрыжысIауэ, ящIэ, хамэ къэрал щыпсэурэ пэт. Адыгэбзэ умыщIэу сыадыгэщ дауэ зэрыжыпIэнур? Акъылыншагъэщ.

- Хамэ къэралхэм лэжьыгъэ IуэхукIэ куэдрэ укIуащ. Апхуэдэхэм деж ди лъэпкъэгъухэм уахуэзэрэ, хасэхэм укIуэрэ?

- Псом я дежи сынэсакъым. Ауэ Америкэм, Израилым, Иорданием, Германием, Тыркум, нэгъуэщI щIыпIэхэми щыIэ Хасэхэм сыщыIащ. 2020 гъэм Нью-Джерси дэт Хасэм сыкIуат - а къалэм адыгэ минипщIым нэс дэсщ. Сэ хуабжьу пщIэ яхузощI хамэ къэралхэм адыгэу къыщызэтенауэ я лъэпкъ, я хабзэ яхъумэжын папщIэ Хасэхэр къызэрагъэпэщауэ абы щылажьэхэм, щыпсэухэм. Калифорниеми минрэ щитIрэ щопсэу, абыхэми сахыхьауэ щытащ. Иорданием и пащтыхьым дыщригъэблэгъами, пащтыхьыкъуэми дыхуэзащ, адыгэхэм я гугъу тщIащ. А лъэхъэнэм хьэрыпхэм яхэс ди лъэпкъэгъухэм Хасэ яухуэрти, доллар мелуани 3 естауэ щытащ. Сирием Асад Башар дыхуэзэн хуейуэ лIыкIуэ гуп дыкIуати, Адыгэ Хасэм срагъэблэгъащ, я Iуэху зытет къэсщIащ, абыхэми доллар мин 200-кIэ сахуэупсауэ щытащ.

Израилым щыIэ адыгэ къуажитIым - Кфар-Камэрэ Рихьэниерэ - адыгэбзэр зэрыщаджыр, сабийхэр гъэсапIэм адыгэбзэкIэ зэрыщагъасэр умыгъэщIэгъуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Абыхэми садэIэпыкъуащ.

Истамбыл, Къайсэр Хасэхэм сыщыIащ, иджыпсту Къайсэр Хасэм и IуэхущIапIэ яухуэну проект ящIри, абыхэми мылъкукIэ сахэувэну си мурадщ. Европэм щыпсэухэми я Iуэху зытетыр сощIэ.

- Сыт нобэ лъэпкъым теухуауэ нэхъ узыгъэгузавэр?

- Дуней псом щикъухьауэ дызэрыщытырщ. Лъапсэрыхым къытхуихьа гузэвэгъуэр иджыри ди лъым хэлъщ, ди щхьэм илъщ. Адыгэбзэр зыщIэр нэхъ мащIэ хъууэ, хэхэсхэр хэшыпсыхьыжу, хэкурысхэм бзэр IэщIыб ящIу къысщохъури, согузавэ. Мис а гуныкъуэгъуэхэр тщхьэщызыхын Iуэхухэр къэзыгупсысын щIалэгъуалэ сыхуейщ къытщIэхъуэну.

Зэманым зихъуэжу, ди хъуэпсапIэхэр къыдэхъулIэну къысщохъу сэ. Илъэс бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэ, хэт и гугъэнт, мыпхуэдэу тыншу дызэкIэлъыкIуэу дыщытыну. СызэреплъымкIэ, иджыри зэман дэкIмэ, Урысейм и хабзэхэми зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэнщ, ди лъэпкъэгъухэми нэхъ къагъэзэж хъунщ. Мы Iуэхум теухуауэ упIащIэ хъунукъым, законми хэплъхьэнIауэ тыншкъым. Ауэ дымыпIащIэмэ, фIым дыхуэкIуэнущ. ИпэкIэ уплъэмэ, дуней псор нэхъ зэIуха мэхъу, къэралхэм демократиер щофIакIуэ, технологие Iэмалхэм куэд къыдат. КъэкIуэн дахэ иIэщ адыгэ лъэпкъми.

Зытхыжар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.
Поделиться: