ФщIэн папщIэ

2023 гъэм мазаем и 20 - гъатхэпэм и 1-хэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIынущ «Сабийр пассажир нэхъыщхьэщ!» лэжьыгъэ.

Бжыгъэхэм къагъэлъагъуэ автомашинэ зэжьэхэуэ къы­щыхъукIэ шэнтжьейм ис сабийхэм я гъащIэр къызэрелымрэ имыпхахэм фэбжьу хахымрэ.

Къэдгъэлъэгъуа махуэхэм щIэгъэхуэбжьауэ къапщытэнущ сабийхэм я шынагъуэншагъэмкIэ Iэмэпсымэхэр автотранспортым къыщыгъэсэбэпыным ехьэлIа хабзэр зэрагъэзащIэр.

ПщIэ зыхуэтщI балигъхэ! Сабийр шэнтжьейм изыIыгъэ Iэмэпсымэхэр уэим фымыщI, ахэр сэбэпщ фэбжьхэр гъэмэщIэнымкIэ.

Балигъхэм къагъэсэбэпын хуей бгырыпххэми ещхьу, сабийм ейхэри хуэщIащ напIэзыпIэм укъэувыIэн хуей хъумэ е зэжьэхэуэ къэхъумэ, ныбжьыщIэр иримыудэкIыу е автомашинэм къримыдзу иIыгъынымкIэ.

КъБР-м щыIэ МВД-м и Къэрал автоинспекцэм фигу къегъэкIыж!

Сабийр къыщалъхуам щегъэжьауэ илъэсиблым нэсыху шэнт­жьейм исущ къызэрепшэкIын хуейр, илъэсиблым щегъэжьауэ II-р хиубыдэу - шынагъуэншагъэмкIэ бгырыпххэр къагъэсэбэп. Iэмэпсымэхэр къыщыхэфхкIэ нэхъыфI къызэрыфщэхуным яужь фит, аращ фыкъэзымыгъэпцIэнур.

БАХЪСЭН Ланэ.
Поделиться: