Насып лъыхъуакIуэ

Адэр дунейм щехыжым и къуэм жриIащ:

- Си щIалэ, сэ мы къызэуэлIа узым сыкъелынукъым. Ауэ уэ насыпыфIэу упсэуну сыхуейщ.

- Ди адэ, сыт насыпыфIэ сыхъун щхьэкIэ сщIэн хуейр?

- Ежьи, дунейр къызэхэкIухь, насыпыр зищIысымрэ ар къызэрыбгъуэтынумрэ къыбжаIэнщ.

Адэр лIа нэужь, къуэр ежьащ. Уэру ежэх псышхуэм нэсри, абы и Iуфэм къыщызущыхь шы уэдыкъуам ирихьэлIащ.

- Дэнэ укIуэрэ щIалэщIэ, - щIэупщIащ шыр.

- Насып лъыхъуакIуэ сыкъежьащ. Уэ пщIэуэ пIэрэ ар къыщызгъуэтынур?

- Мыдэ къызэдаIуэ, - къитащ жэуап шым. - Сэ си щIалэгъуэм псоми фIыуэ сыкъалъагъурт, сагъашхэрт, сагъафIэрт. Уеблэмэ шхалъэм си щхьэр хуэсшииртэкъым, си жьэм къыжьэдалъхьэрт. Сыт хуэдиз лэжьыгъэри си фэм дэхуэрти, нэгъуэщIхэм сегупсысыртэкъым. Абы щыгъуэм сэ нэхърэ нэхъ насыпыфIэ мы дунейм темыту къысщыхъурт. Иджы жьы сыхъуащи, зыри къысхуеижкъым. Сэ бжызоIэ - уи щIалэгъуэр хъумэ. Сэ зэрысхъумам хуэдэукъым зэрыпхъумэнур. НэгъуэщIхэм къыпхузэрагъэпэщ тыншыпIэм ущымыгугъыу, уэ езым уи щхьэр зэрыбгъэпсэужыным иужь ит. НэгъуэщIхэм я гурыфIыгъуэм уэри щыгуфIыкI. Гугъуехьым ущымышынэ. Апхуэдэу ущытмэ, улIэжыху лъагъуныгъэмрэ ныбжьэгъугъэмрэ укъаухъуреихьынущ.

ЩIалэщIэр ежьэжри, зыкъомрэ кIуауэ гъуэгущхьэм телъ блэм ирихьэлIащ.

- Дэнэ уежьа, щIалэ? - щIэупщIащ блэр.

- Дунейр къызэхэсплъыхьыну сыкъежьащ, насыпыр здэщыIэр къэзгъуэтыну си мураду, - итащ щIалэм жэуап.

- АтIэ сэ жысIэм къедаIуэ, - къыщIедзэ блэм. - Си гъащIэ псом си шэрэзым пылъ щхъухьым сригушхуэу сыпсэуащ. Псори къысщышынэрти, сэ сынэхъ бланэу, сынэхъ къарууфIэу къысщыхъужырт. Ауэ хуабжьу сыщыуэрт. Мис иджы псоми зыкъысщадзей, саукIыну сыкърахуэкI. Псоми зафIызогъэпщкIу. Иджы сэращ абыхэм ящышынэр. Уэри уиIэщ бзэгу. Уи псалъэм ухуэсакъмэ, тыншу упсэунущ, жьы ухъуа нэужьи зыми зыфIэбгъэпщкIун хуейкъым.  Апхуэдэу щытмэ, насыпи уиIэнущ.

Блэм къыжриIар зэригъэзахуэурэ щIалэм и гъуэгум пищащ. Губгъуэм ит жыгышхуэм зы бзу дахэ тест, ицхэр зэмыфIэгъуу цIурэ, езыми зыкърихыу.

- Дэнэ укIуэрэ, щIалэ? - щIоупщIэ бзур.

- Насып къызолъыхъуэ. Уэ сыт хэпщIыкIрэ абы и хэщIапIэм?

 - ЗэрыслъагъумкIэ, куэд щIауэ гъуэгу утетщ. Уи нэгур зэхэуфащ, уи щыгъынхэр сабэм иуащ. Узэрыщытам урещхьыжкъым, блэкIхэми зыкъыпщадзей . ЗэрыгурыIуэгъуэщи, насыпми гъунэгъу зыкъыпхуищIыну фIэщщIыгъуейщ. Сэ си чэнджэщыр мыращ: сытым дежи дахагъэм урителъхьэу, уэри теплъафIэу ущытыфу зегъасэ. Мис абы щыгъуэм уи хъурегъыр фIы защIэу щытынущ. Ар зыхэплъхьэмэ, насыпри къэплъагъунущ.

ЩIалэр унэм кIуэжри, зигъэкъэбзащ, къыжраIа псоми егупсысащ. Абы иджы ищIэрт насып щхьэкIэ зы щIыпIи укIуэн зэрыхуэмейр.

Щхьэмрэ щхъухьымрэ

Китайм щыщ унагъуэ гуэрым нысэ цIыкIу къахыхьащ. НысащIэм щхьэгъусэр и псэт, ауэ и гуащэм езэгъыртэкъым. Абы и чэнджэщхэмрэ и унафэхэмрэ хъыджэбзым хуэмышэчыж щыхъум, хэкIыпIэ къигупсысащ. Удз хущхъуэхэмрэ щхъухьхэмрэ зыщэ, и адэм и ныбжьэгъу лIым деж лъэIуакIуэ кIуащ.

- Ярэби, си гуащэм сезэгъыркъыми, сэбэп укъысхуэмыхъуфыну пIэрэ?

- Сэ сыткIэ сэбэп сыпхуэхъун?

- Мы зэхэплъхьэ хущхъуэхэмрэ щхъухьхэмрэ ящыщ зыгуэрым цIыху зыгъэлIэн гын къысхухэпщIыкIым хъуркъэ? И уасэр сыщымысщхьу уэстынщ.

Удз зыхэзылъхьэ лIыр зыкъомрэ гупсыса нэужь жиIащ:

- Хъунщ, пхузэхэслъхьэнщ сэ уэ сэбэп пхуэхъун щхъухь. Ауэ IуэхугъуитIкIэ арэзы укъыздэмыхъуу хъунукъым.

- ЖыIэ, сыбдэхъунщ арэзы.

- Япэрауэ, уи гуащэр занщIэу зыгъэлIэн гын уэст хъунукъым, узэрыкъуаншэр укъащIэнущи. Абы и къарур хуэм-хуэмурэ щIэзыхын пхузэхэслъхьэнщи, зы цIыхуи егупсысынкъым, гуащэр уэ пIэщIэкIуэдауэ. ЕтIуанэрауэ, зы шэч къыпхуамыщIын щхьэкIэ, нобэ щыщIэдзауэ уи нэмыплъыр зыхэни, уи гуащэм Iэщабэ-Iущабэу хущыт, пщIэ хуэщI, жиIэр тIу умыщI. Апхуэдэу ущытмэ, си Iуэхущ ар зэрыбукIар зы цIыхум къищIэмэ.

НысащIэр арэзы хъури, лIым хузэхилъхьа удзыр къыIихащ, ар и гуащэм и шхыным мащIэ мащIэурэ хилъхьэу хуежьащ. ЛIым къыжриIар ищIэжырти, гуащэм хуэнабдзэгубдзаплъэт, Iуэху къытригъэхьэлъэртэкъым, хуэгумащIэт. Апхуэдэ нысэ Iэдэбым Iей зыхуищIынт гуащэми - гурэ псэкIэ фIыуэ илъэгъуащ и нысэр. КъищынэмыщIауэ, апхуэдизкIэ игу къыдыхьэрти, псоми яжриIэрт пщащэм я нэхъыфIыр къызэрыIэрыхьар. Илъэс ныкъуэ дэкIа нэужь, гуащэмрэ нысэмрэ анэрэ пхъурэ хуэдэу зэхуэхъуат, я псэр зы чысэм илът, зыхуэгумащIэт.

Зы махуэ гуэрым  нысэр пIащIэу удз къезыта лIым и деж кIуэри, елъэIуащ:

- КхъыIэ, а гын къызэптам къысхуегъэл си гуащэр. Сэ сыхуейкъым ар лIэну, абы нэхърэ нэхъ цIыхуфI дунейм теткъым.

ЛIыр къэпсалъэри жиIащ:

- Умыгузавэ, хъыджэбз, сэ ар зыгъэлIэн щхъухь уэстакъым, ар шхынхэлъхьэ къудейуэ арат, ерыскъыр игъэIэфIу. Щхъухьыр зэрылъыр уи щхьэрати, уэ езым зыкъебгъэлыжащ абы.

ЗэзыдзэкIар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.
Поделиться: