Зи хэку зрагъэбгынар тыншкъым

 Лъэпкъыр лъэпкъыу хамэ щIыпIэм къыщызэтенэныр, и бзэр, и хабзэр ихъумэжыныр куэдкIэ елъытащ ахэр зэрызэхэс щIыкIэм. Зы щIыпIэм нэхъыбэу щызэхэс зэлъэпкъэгъухэр я бзэкIэ нэхъ зопсалъэ, зым адрейм хабзэ кIэлъызэрахьэри, апхуэдэ щIыкIэкIэ хъума мэхъу. Тыркум ис ди лъэпкъэгъухэм ящыщу нобэ бзэр нэхъ зыщIэжыр Узун-Яйла куейм исахэрщ.

Абы теухуауэ мыращ Хеймащэ Орхьэн къытхуиIуэтар: Узун-Яйла щIыпIэм шэрджэс къуажэу 65-рэ къызэщIеубыдэ, Сивас, Мараш, нэгъуэщI къалэ гъунэгъухэри хэдгъэхьэмэ, псори зэхэту 74-рэ мэхъу. Нэхъапэм хамэ яхэмыту жылэ псори зэхэсу щытащ.  Узун-Яйла нэхъыбэу щыпсэуар къэбэрдейхэращ, ахэр жылэ 50-м нэблагъэрт, къищынэмыщIауэ абазэхэ къуажэ зыбжанэ исащ, хьэткъуей, абазэ, къущхьэ, къэрэшей жылэ закъуэтIакъуи яхэтащ. Къэбэрдейхэр зэрынэхъыбэм къыхэкIыу къэбэрдеибзэ зымыщIэ лъэпкъ истэкъым абдеж. ИужькIэ къыдэкIуэтей щIэблэр еджэну, лэжьэну хуейуэ къалэшхуэхэм Iэпхъуэурэ къуажэхэм куэд къыдэнэжакъым.  

А къалэхэм къэIэпхъуахэр къезыгъэлыр Адыгэ Хасэхэращ. Узун-Яйла Адыгэ Хасэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 30-м щIигъуащ. Ар къызэIухыным щхьэусыгъуэ хуэхъуар Узун-Яйла щIыналъэм иса адыгэ къуажэ цIыкIухэм дэсауэ Истамбыл Iэпхъуахэм я адыгагъэр ящымыгъэгъупщэнырщ, я хабзэр яIэщIэмыгъэхунырщ, я бзэр ягъэшэрыуэнырщ, къалъыкъуэкI Iуэху гугъухэр зэгъусэу зэфIэхынырщ. Абы цIыху куэд къокIуалIэ, ауэ сэ сыадыгэщ, си цIэр мыбы щIэлъыну сыхуейщ жызыIэхэм я цIэ-унэцIэхэр ттхауэ щыIэщи, ар мини 3-м ноблагъэ.  Истамбыл дэтхэм ящыщу а хасэращ цIыху нэхъыбэ дыдэ зыхэту къалъытэр.

Сэ илъэси 10-кIэ сылэжьащ а Хасэм и нэхъыжьу. Махуэ къэс иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм уатепсэлъыхьмэ, нэхъыщхьэу ди щIэблэм адыгэбзэр едгъэщIэнырщ, анэдэлъхубзэкIэ тхэфу, еджэфу едгъэсэнырщ зиужь дитар. Абы егъэджакIуэхэр щолажьэри, зэрыжысIауэ, псом япэ идгъэщыр анэдэлъхубзэращ, ауэ школым екIуалIэ ди ныбжьыщIэхэр дерс гуэрым хэмызагъэмэ, е предмет гуэрым нэхъ куууэ хищIыкIыну хуеймэ, ахэр хуабжьу сэбэп мэхъу.

КъищынэмыщIауэ, нэхъыжьыIуэхэри къыщызэхуос а Хасэм. Iуэху пыухыкIа гуэр ямыIэми, унэм къыщIэкIыу уэрамым къыдыхьа лIыжьым и бзэ, и хабзэ, и хэку нэхъ пэгъунэгъу зыхуищIыну хуеймэ, хасэращ и гупсэхупIэр.  Апхуэдэуи гуфIэгъуэ зиIэми, гузэвэгъуэ къызылъыкъуэкIми   лъэпкъ хабзэм тету и Iуэху дэхынымкIэ унафэ щытщIыр Хасэрат. Къыхэгъэщыпхъэщ ар щIалэгъуалэм я тегъэупIэуи зэрыщытыр. ЕджапIэ, лэжьапIэ къикIыжа ныбжьыщIэхэр пщыхьэщхьэм уэрамым хьэулейуэ дэмыту хасэм къокIуалIэри щызэхэсщ, абыхэм пэш щхьэхуэ яIэщи, нэхъ зыгъэпIейтей е зыгъэгушхуэ Iуэхухэм щытопсэлъыхь.

Ди хасэм гуфIэгъуэ Iуэхухэр щызэфIагъэкI, хьэгъуэлIыгъуэ зиIэхэм, адыгэ хабзэм щыщ нэгъуэщI дауэдапщэхэр къыщызэрагъэпэщ. Иджы абы нэхърэ нэхъ инщ зыщIэс унэр. Абы хэтщ адыгэ тхылъхэр зыщIэлъ библиотекэ, цIыхухэр щеджэ пэш, нэгъуэщIхэри.

         Зи хэку зрагъэбгынэу нэгъуэщI щIыпIэ яхуахэм тыншу, гушхуэу псэууэ зыри яхэту схужыIэнукъым, псоми я гур адэжь лъахэмкIэ къэгъэзащ. Ди адэжьхэм я хъуэпсапIэ нэхъыщхьэу къэпсэуар хэкум зэ Iуплъэжынырт е гъэзэжыпэнырт, абы къыщIэтэджыкIа щIэблэм ягу зэгъауэ къэхъуакъым. ИгъащIэм зэрихьа хабзэри, бзэри, щIыналъэри трахри, яшхын къудей ямыIэу щIыпIэ мыцIыхум ирагъэтIысхьащ адыгэхэр. А гъуэгум текIуэдахэмрэ мэжэщIэлIагъэм ихьахэмрэ нэмыщI, Тыркум щекIуэкIа зауэхэм щыхэкIуэдащ, абы щыщу къэнахэм я ныкъуэр Сирием, Иорданием ягъэIэпхъуащ. Мис а гугъуехь псоми къелахэрщ, ныкъуэми я бзэр ящIэжрэ чэмми я хабзэ зэрахьэжу иджыпсту Тыркум ис адыгэхэр.

УIэгъэр зэманым дэхъужыркъым, ауэ гур нэхъ къызэрегъэгъуэтыж. Дызыхэсхэм дахэмышыпсыхьыжынымкIэ гугъапIэхэр къыдэзыт Iуэхугъуэ зыбжанэ къыдэхъулIащ иужьрей илъэсхэм. Абыхэм ящыщщ ди бзэкIэ псалъэу сыхьэт зыбжанэ Тырку ТВ-м зэрытхухихар, ди хасэхэм бзэр щрагъэджу зэрыщызэтедублар, зи анэдэлъхубзэр зыщIэну хуейхэм папщIэ школхэм дерс щхьэхуэ къызэрыщызэрагъэпэщыр, языныкъуэ университетхэм щыбдж зэрыхъур, нэгъуэщIхэри.

Къэбэрдейм IэщIагъэлIхэр итшри, ди егъэджакIуэ 44-м я Iэзагъыр хагъэхъуэнымкIэ ядэлэжьащ. БлэкIа илъэсхэми ди щIэблэр хэкум еджакIуэ къэгъэкIуэныр зэтедублащ. Ар лъэмыж пэлъытэу къытщохъу хэкурысхэмрэ хэхэсхэмрэ нэхъ быдэу зэпыщIа хъунымкIэ. КъищынэмыщIауэ, щIалэгъуалэр еджакIуэ къыщыкIуэм и деж гугъэ щыIэщ хэкум къэнэжу щыпсэуну, Урысейм и цIыху хъуну, унагъуэ щиухуэну, щылэжьэну. Ар ди дежкIэ гуфIэгъуэшхуэщ. Апхуэдэ дыдэщ хьэрычэтыщIэ Iуэху ящIэну мыбы къакIуэхэри. Абыхэм гугъуехь гуэр къалъыкъуэкIми, дэIэпыкъуу, зыхуэзэн хуейхэмкIи гъуэгугъэлъагъуэ яхуэхъуу апхуэдэщ мыбы исхэр».

 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: