ГъэунэхупIэ

  А тIур зэрышат фIыуэ зэрылъагъуу. Зэрылъагъу я гугъэт. Ауэ уи гугъэ къудейкIэ зэфIэкIрэ апхуэдэ Iуэхур? Пэжу пIэрэт зэрылъагъур, хьэмэрэ апхуэдэу къафIэщI къудейт? КъыпфIэщIымрэ пэжымрэ куэд я зэхуакущ. Зэман кIыхьрэ Iуэху зыбжанэкIэ бгъэунэхуауэ, узытемышыныхьыжын гухэлъ быдэ уиIэмэщ лъагъуныгъэр щыпэжыр. Зэ зэIущIэгъуэкIэ цIыхур и теплъэкIэ уигу ирихь къудей мыхъуу, ар и дуней тетыкIэкIэ, и хьэлкIэ бгъэунэхумэ укъэзымыгъэпцIэжынщ. Ауэ зигу лъагъуныгъэ къридзар а псом елIалIэрэ? Лъагъуныгъэ зыщIар Iейм хуэнэфщ, хуэдэгущ, фIыуэ илъэгъуам дилъагъу псори фIэдахэщ. Абы и хьэтыркIэ сытри хуэщIэну, ишэчыну къыщохъу.

  А тIур зэрышэн ипэкIэ, илъэс зыбжанэкIэ зэдэгушыIат,  зэрыцIыхунуи а зэманыр ярикъун хуеят. Щызэрымылъагъум дуней нэхур я нэм къыIуимыдзэ къафIэщIырт. Къуажэ зырыз щыпсэуми, зыдэсыр зэгъунэгъу къуажэти, гугъуехь хэмылъу махуэ къэс зэхуэзэрт. Къэхъуртэкъым щызэхуэмызэ, гухэлъ зыхуаIуатэу щызэмыпсалъэ махуэ. Хуэбгъэфэщэнтэкъым зым и хьэлымрэ и гурылъымрэ адрейм химыщIыкI щыIэжу, апхуэдизу я гур зэхузэIуха  я гугъэти. А тIум я лъагъуныгъэм къыпэлъэщын щыIэу фIэщщIыгъуейт. ФIыуэ зэрылъэгъуахэм, ирагъэлеиIуэу зэрыжаIэм хуэдэу, зыр имыIэу адрейр мыпсэуфыным хуэдэт. А тIур зэрышэрэ, я гъащIэр зы ящIмэ, дуней псор ягъэдахэн пфIэщIынт, я лъагъуныгъэр дунейм цIэрыIуэ щыхъуарэ, цIыхуу щыIэр къехъуапсэу. КъызыхэкIа лъэпкъитIри япэрыуакъым абыхэм.

Дауэ япэрыуэнт? Апхуэдизу фIыуэ зэрылъагъухэм уапэрыуэ хъурэт, я насып пкъутэу? Апхуэдэ лъагъуныгъэм насып къыдэмыкIуэу къэнэнт? Къэнэнутэкъым, цIыхухэм къазэрыщыхъумкIэ. Арати, зэманыр къэсри, хъуащ а тIур зэщхьэгъусэ.

  ГъащIэр зэрыгущIэгъулым хуэдизкIи гущIэгъуншэщ. Убэлэрыгъамэ, укъигъэпцIэнущ. Ауэ абы укъыщигъапцIэр уи щхьэр къыщыбгъэпцIэжращ.

  ЦIыхум унагъуэ щиухуэкIэ, зэрыпсэун Iуэхум егупсысын хуей мэхъу. Лъагъуныгъэ фIэкIа узыгъэпIейтей Iуэху щышымыIэ зэманыр йокI. Унагъуэр, бын уиIэмэ, быныр зэрупIын ухуейщ. Дауи, зэщхькъым щхьэхуиту ущыщытамрэ унагъуэр пIын щыхуеймрэ. Лъагъуныгъэшхуэ  зэхуаIэу зэрыша ныбжьыщIитIым, зэманыр къэсри, аргуэру я гуфIэгъуэм къыхэхъуат – бын ягъуэтат. ЗэкIэлъыкIуэу къахуэпIащIэ насыпым я щхьэр игъэунэза хуэдэт абыхэм. Сыт я гукъеуэ? ЗыщIэхъуэпс псори ягъуэт, уафэм къехуэх хуэдэ, зэгурыIуэ - зэдэIуэжу мэпсэу. ГъащIэм щыхабзэщ ар – гугъуехьрэ лъэпощхьэпорэ ухуэмызэху, узыхуей псори тыншу къыпIэрыхьэху гукъеуэ щыIэу пщIэркъым. Ауэ гъащIэр апхуэдэ защIэу екIуэкIыркъым. Унагъуэ ущыхъуакIэ, сабий щыбгъуэтакIэ, ахэр зэрыбгъэпсэун, уи щхьэр зэрупIыжын ухуей мэхъу.

  ФIыуэ зэрылъагъуу зэрыша ныбжьыщIитIым (иджы езэгъы- жыркъым а тIум ныбжьыщIэкIэ уеджэну, ахэр адэ – анэ хъуа зэщхьэгъусэщ) яIэт IэщIагъэ зырыз, ягу ирихьу, ирипсэун я гугъэу зрагъэгъуэтауэ. Зэман гуэркIи ирилэжьат я IэщIагъэм. Яшхынрэ ящIэнрэ ягъуэтырт. Апхуэдэу щытми, «Узыдэмыхьа къуэладжэ лы дэзщ» зэрыжаIэу, къыщалъхуа я лъахэм икIмэ, нэхъыбэ къалэжьыну, нэхъыфIу псэу хъуну траухуэ а тIур зэчэнджэща нэужь.

  ГъащIэм цIыхур гъэунэхупIэ иримыгъахуэу къанэркъым. Дунейр жэнэт защIэу епхьэкI зэрымыхъур цIыхум зэ къагуроIуэ. Мы зэщхьэгъуситIри ихуат апхуэдэ гъэунэхупIэ.

Къуэр балигъ хъуху хуэсакъыу, ягъафIэрэ, фIыкIэ къыщыгугъыу зыпIа адэ – анэр къагъанэри, дунейм къытехьагъащIэ я сабийр яIыгъыу зэщхьэгъусэхэр ежьащ насып лъыхъуэ. Щалъхуа щIыпIэм щагъуэтым нэхърэ нэхъыбэ хуейт ахэр.

  ГугъапIэфIрэ гъащIэм и фIыгъуэ защIэкIэ псэуфа щыIэ? Гугъуехь гуэррэ жэрдэмрэ хыумылъхьэу, гъащIэм хьэзыру псори къыпIэщIилъхьэркъым. ГъащIэ тыншым гугъуехь гуэр пэкIуэн хуейщ. Сабийр я Iэблэм тесу насып лъыхъуэ ежьа зэщхьэгъусэхэм зэрагугъауэ къыщIэкIакъым я насыпыр. Насыпми къэлэжьыкIэ иIэщ.

  ЩIалэмрэ пщащэмрэ щызэрымышам, унагъуэ ямыухуауэ щыщхьэхуитым ягу къэмыкIа гугъуехьхэр гъащIэм зэрыхэлъым гу лъатат иджы. Я акъылым, гупсысэм нэхъ зиужьат. Зэчэнджэщу ящIа я унагъуэ унафэм нэмыщI, тIум язри езым и щхьэ Iуэхум егупсысыжат нэгъуэщIым и чэнджэщ щымыгугъыу.

  Илъэс нэблагъэ къэтауэ, лIыр егупсысырей хъуащ щежьэм пщIантIэм къыдина и адэ – анэмрэ абы я Iуэхур иджы зэрыхъумрэ. Балигъ хъуху зыпIахэр зыгуэр зэрыхуэныкъуэр, щIэгъэкъуэн яIэн зэрыхуейр игу къэкIыжащ. КъыздэкIуами, зэригугъам хуэдэу хъерышхуэ щыIэтэкъым.

  Къыщалъхуа щIыпIэм кIуэжмэ, къэзылъхуахэм ябгъэдэсыжмэ нэхъ къызэрищтэр щхьэгъусэм щыжриIэм, адрейм игу ирихьакъым. Ар хуейт къыпэрыуэрэ зэчэнджэщрэ щымыIэу щхьэхуиту, игу къихьэр ищIэу псэуну. А тIур зэпсэлъащ, ауэ зэгурыIуакъым. ЗэхуаIэ лъагъуныгъэм и инагъыр иджыри къэс ящIакъым. Иджыт щагъэунэхур абы и быдагъыр. Зэпсэлъащ, зэдэуащ, ауэ зэгурыIуакъым. Я гупсысэри я хьэлри зэтемыхуэу къыщIэкIащ.  ЦIыхухъур Iуэхум хэплъэри, къыхихащ къэзылъхуахэр, лъэкIэ зыгъэувахэр я жьы хъугъуэм ипIыжын, защIигъэкъуэн хуейуэ. Бзылъхугъэм къыхихар щхьэхуитыныгъэращ…

Адэм игу пыкIакъым быныр. ГъэщIэгъуэнкъэ, щхьэгъусэри абыкIэ къызэредэуа щыIэкъым, фэрыщIу зищIами, сабийм хабзэкIэ щIэдэуну жиIами, и псалъэхэм быдагъэ щIэлътэкъым. «Уи Iуэхум егупсысыжи, ущIегъуэжмэ лъапсэм некIуэлIэж, ди бын зэдэтпIыжынщ», - жиIэри, адэм сабийр къыздишэжри и хэку, и унэ къекIуэлIэжащ...

  Абы лъандэрэ зэман гуэри дэкIыжащ, ауэ сабийм и анэр къыкIэлъыкIуэжакъым. ЛIыр фызым кIэлъымыкIуами, щыщIэупщIэкIэ адрейм къыжреIэ гукъеуэ имыIэу, и Iуэху мыIейуэ… ЦIыхум езым и гъащIэ еплъыкIэ иIэжщ, нэгъуэщI и фIэщ пхуэмыщIыну.

  НасыпкIэ цIыхур зэджэжыр сыт? Абы укъыщеплъ хъунущ лъэныкъуэ куэдкIэ, узэрыхуейуэ. ЦIыхум и насыпыр къегъуэтыж езым и акъылрэ и зэфIэкIкIэ.

 

 

Нэхущ Хьэжпагуэ.
Поделиться: