Хабзэр зэрагъэзащIэм кIэлъоплъ

      Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и зи чэзу  зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ лъэхъуэщым исхэм деж хабзэр щыхъума зэрыхъум. Абы теухуауэ лажьэ комиссэм иужь илъэсищым зэфIигъэкIахэр къипщытэжащ, упщIэ щыIэхэм жэуап иритыжащ, я мурадхэм тепсэлъыхьащ.   

Комиссэм и унафэщI Бэрсэдж Анатолэ зэрыжиIамкIэ зи пашэ гупым хэтщ егъэджакIуэхэр, еджагъэшхуэхэр, юристхэр, хьэрычэтыщIэхэр.  Псоми Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм и мандат яIэщ «Илъэсищ къызэднэкIам республикэм и Жылагъуэ палатэм лэжьыгъэ щхьэпэ куэд зэфIигъэкIащ, УФСИН-м, прокуратурэм, МВД-м, нэгъуэщI IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм дапыщIауэ.                                              

Абы иужь комиссэм и унафэщIым зэфIагъэкIхэмр зыдэлэжьа IэнатIэхэмрэ зэIущIэм къекIуэлIахэр щыгъуазэ ищIащ.

«Ди лэжьыгъэр нэхъыщхьэу зытеухуауэ щытар лъэхъуэщым исхэм   я тхьэусыхафэр зэдгъащIэу, лей къатехьэу щытым ар зэпкърыхынырщ, зыхуэгъэза IуэхущIапIэхэм яIэрыгъэхьэнырщ. МазиплI къэс апхуэдэ зэIущIэхэр къызэдгъэпэщурэ, зи къалэнхэм хабзэр щамыгъэзащIэ къэхъуамэ, лей къатехьамэ зыдогъащIэ. Апхуэдэ къэмыгъэхъуным дытолажьэ. НобэкIэ ди республикэ лъэхъуэщхэм цIыху 1736-рэ исщ. Абы щыщу процент 56,2-р етIуанэу е нэхъыбэрэ ягъэтIысам щыщщ», - жиIащ Бэрсэдж Анатолэ.

Анатолэ  къыхигъэщащ лъэхъуэщым исхэмрэ уз зэрыцIалэ къызэузхэмрэ я бжыгъэр нэхъ мащIэ зэрыхъуар.

Абы иужь зэIущIэм къыщыпсэлъащ комиссэм жэуап зыхь и секретарь Созаевэ Аллэ. Ар нэхъыбэу зытеухуауэ щытар судым и лэжьыгъэм гущIэгъу нэхъыбэ хэлъхьэнырщ.

ЦIыхум и хуитыныгъэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и уполномоченнэ Зумакулов   Борис   къыщыпсалъэм къызэрыхигъэщащи, комиссэмрэ езыр зи унафэщI IуэхущIапIэмрэ зэрызыдэлажьэр куэдкIэ ефIэкIуащ.

«Дэ комиссэм дыдолажьэ, юридическэ чэнджэщкIэ зыщIыдогъакъуэ, лъэхъуэщым къикIыжхэр нэхъ псынщIэу гъащIэм зэрыхэдгъэзэгъэжыным дыхущIокъу», -  жиIащ Зумакуловым.

 Лэжьыгъэр   зэрефIакIуэр   къыхагъэщу   къэпсэлъащ   МВД-мрэ   прокуратурэмрэ я лIыкIуэхэу Арахъэ Родион, Тэнащ Мартин сымэ.  «Сэ куэд   щIауэ   Жылагъуэ палатэм сыщолажьэри, си гуапэу къыхэзгъэщыфынущ комиссэм и лэжьэкIэр тэмэму зэтеубла зэрыхъуар, зэрефIэкIуар. ЦIыхум и хуитыныгъэр хъумэным гулъытэ нэхъыбэ игъуэт хъуащ. Абы къыхэкIыу комиссэм хэтхэм фIыщIэ лей яхузощI», - жиIащ, зэIущIэр зэхуищIыжу, палатэм и унафэщIым и къуэдзэ Федченко Людмилэ.                                                                                                                                                                                                                                     

                                                                      

                                                                                

                                         

                                                                                                                               

 

                                                                                                                             

                                                       

ШАФИЙ Аслъэн
Поделиться:

Читать также: