Бзылъхугъэхэри хэтащ а зауэм!

Европей зыплъыхьакIуэхэм зэратхыжамкIэ, адыгэ пщащэхэри зауэ губгъуэм иту щытащ, цIыхухъухэм ящIыгъуу биидзэм пэщIэту. 19-нэ лIэщIыгъуэм ипэхэм Адыгэ Хэкум щыхьэщIа британ зыплъыхьакIуэ Спенсер зэрыжиIэмкIэ, «адыгэхэм я бынхэм Iэщэ яхуэIэту зэрыхъуу ягъэшэсырт, зэуэкIэ ирагъащIэрт, уеблэмэ зауэ губгъуэм бзылъхугъэхэми уащрихьэлIэрт» [Ed.Spencer, "Travels in Circassia, Krim-Tartary, &c, including a Steam Voyage Down the Danube, from Vienna to Constantinople, and Round the Black Sea, in 1836", 1839г.].

Пэжу, адыгэм и хэкур ихъумэнумэ, цIыхухъу-цIыхубз, ныбжь жаIэу зэхагъэжыртэкъым. Уеблэмэ дзэ, лъэпкъ псом бзылъхугъэр пашэу щыхэта къэхъуащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдэ пщащэхэм я цIэ куэд нобэм къэсакъым, ауэ зыгуэрхэри яхъумэжащ.

Убых лIыжь Щхьэбэ ХьэтIэхъу жиIэжу щытащ Нэгъуч лъэпкъым ящыщ пщащэм теухуа хъыбарыр. А хъыбарыр итхыжат 20-нэ лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм Шапсыгъым щыхьэщIа тхыдэтх Чистяковэ Еленэ. «ЛIы 15-м я пашэрэ пщIагъуалэм тесу бийр зэтриукIэрт» [Чистякова Е.И., "Религия и бытовое положение женщины у шапсугов // Религиозные пережитки у черкесов-шапсугов: материалы шапсугской экспедиции 1939 года" / под ред. С. А. Токарева и Е. М. Шиллинга. М., 1940.].

ЩыIащ Аркъуят и цIэу нэгъуэщI пщащи. Ар Кавказ зауэжьым хэтащ хьэжырэт уэрым и тету, лIыгъэрэ хахуагъэрэ игъэлъагъуэу хэкум и хуитыныгъэм щIэбэну. Пщащэр 1859 гъэм гъэр щащIым зиукIыжат. Аркъуят зыхэкIуэда, Хуэдз жылэм щекIуэкIа зэхэуэм траусыхьыжа гъыбзэм къызэрыхэщыжымкIэ, зауэр махуиблкIэ мыувыIэу екIуэкIащ, хъыджэбзибли хэкIуэдащ. Аркъуят и гъусащ и шыпхъу нэхъыжь Бейдэмэт. ЗэрыжаIэмкIэ, Аркъуят сабий быдзафэ зэтIолъхуэныкъуэ иIэт а лъэхъэнэм.

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу