Террорым пэщIэтынымкIэ хэкIыпIэхэр яубзыху

КIуэкIуэ Казбек Iуащхьэмахуэ районым лэжьыгъэ IуэхукIэ щы­кIуам, Тырныауз къалэм щригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм террорым пэщIэты­нымкIэ и комиссэм и зэIущIэ.

Абы хэтащ КъБР-м и Прави­тельствэм и УнафэщI Мусуков Алий, федеральнэ инспектор нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэ Мэкъуауэ Тимур, щIыпIэ самоуправленэхэм, муниципалитетхэм, хабзэхъумэ, къэпщы­такIуэ-кIэлъыплъакIуэ IэнатIэхэм я унафэщIхэр.
Iуэхум теухуауэ зэIущIэм къыщы­псэлъащ КъБР-м и министр Къуэ­шырокъуэ Залым, Налшык къалэ администрацэм и унафэщI Ахъуэхъу Таймураз, Iуащхьэмахуэ, Аруан районхэм я администрацэхэм я уна­фэщIхэм я къалэнхэр зыгъэзащIэхэу Соттаев Къурмэн, Ажий Валерэ сымэ.
ЗэIущIэм щызэпкърахащ террорым пэщIэтынымкIэ щытыкIэр ­нэхъ зэхьэлIауэ щыт жылагъуэ-политикэ, социально-экономикэ IуэхухэмкIэ ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэ­хэм кърикIуахэр. Тегъэчыныхьауэ теп­сэлъыхьащ щIэпхъаджагъэм ­теухуа гупсысэхэм земыгъэубгъу­нымкIэ, дунейпсо террорист зэгу­хьэныгъэ­хэм хашэнкIэ гурыщхъуэ нэхъ зы­хуащIхэм ядэлэжьэнымкIэ ирагъэ­кIуэкIыпхъэ Iуэху пыухыкIахэм. Апхуэдэуи и гугъу ящIащ объект зэхуэмыдэхэр щIэпхъаджащIэхэм ящыхъумэнымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм, Террорым пэщIэтынымкIэ комиссэр адэкIи зэрылэжьэнум.

Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу