КъБР-м и Iэтащхьэм Хэкум и хъумакIуэм и махуэм теухуа и хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зы­хуэсщIхэ!
Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу Хэкум и ­хъумакIуэм и махуэмкIэ!
Нобэрей махуэшхуэр къэралым и тхыдэм ха­хуагъэкIэ гъэнщIа и напэкIуэцIхэм я нэщэнэщ. Ар ­Хэкум и щхьэ­хуитыныгъэмрэ щIыналъэр зыми и унафэ щIэмытынымрэ щIэбэна ди зауэлIхэм лIэщIы­гъуэкIэ­рэ къагъэлъагъуэ лIыхъужьыгъэмрэ къэ­мы­лэнджагъэмрэ папщIэ диIэ ­гушхуэныгъэм и щыхьэтщ.
ФIыщIэ мыухыж яхудощI Хэку зауэшхуэм хэтахэм, ди къэралри дуней псори бий гущIэгъуншэм къезыгъэлахэм. Абыхэм я лIыгъэр, лIыхъужьыгъэр, хахуагъэр Хэкум худиIэн хуей лъагъуныгъэ гъунэншэм, хэкупсэ нэсу зэрыщытыпхъэм и щапхъэ сытым дежи тхуэхъунущ.
Урысейм и шынагъуэншагъэр нобэ зыхъумэхэми пщIэшхуэ яхудощI. Шэч хэмылъу, фIыщIэ мыухыжыр яхуэфащэщ зауэ Iуэху хэхам хэту къэралым и щхьэ­хуитыныгъэм, абы и зэкъуэтыныгъэм къыщхьэщыжу дзэ къулыкъур езыхьэкIхэм. Хэкум и лъэщагъыр гъэбыдэным, абы и къарум хэхъуэным дэ псори дызэ­къуэту дыхуолажьэ.
Псоми ехъулIэныгъэ, узыншагъэ быдэ, зэIузэпэщыгъэ фиIэну сынывохъуэхъу.

Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ