ГъащIэм къызэрыпищэнур и фIэщ хъурт

1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм хэтащ Лэс- кэн ЕтIуанэ къуажэм дэс Уэркъ­уасэхэ ящыщу Хьэбцу, Iэмин, Мухьэмэд, Iэдэм, Хьэ-зиз, Хьэзрэт сымэ. ЗауэлI хахуэ, гвардием и старшина ­Уэр­къуасэ Хьэзрэт Бэчыр и ­къуэм, зауэ гуащIэм тIэунейрэ уIэгъэ щигъуэтами, Хэку зауэшхуэр ТекIуэныгъэ ИнкIэ щиуха 1945 гъэм нэсыху и ­къулыкъур ирихьэкIащ.

Хьэзрэт армэм 1938 гъэм ираджащ. 14-нэ шу дивизэм и 128-нэ полкым, а зэма­ным ­Украинэм и Шепетовкэ ­къалэм щыIам, ягъэкIуат. Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щыщ щIалэм дэнэ щищIэнт, мыгувэу зэхэуэ гуащIэхэм зэрыхэтынур.
Хэку зауэшхуэм щIимыдзэ и пэ, старшина Уэркъуасэм полкым и еджапIэм командир нэхъыщIэхэр щигъэхьэзырырт. Хьэзрэт яхэтащ зыIэзыбжьэу къы­зэрыттеуар къагъэсэбэпу къебгъэрыкIуа фашист зэрыпхъуакIуэхэм япэу япэщIэувахэм. Ауэ, ди дзэхэр Iэмалын­шагъэм къыхэкIыу, къикIуэтын хуей хъурт.
«НапIэзыпIэу бийр къызэрыттеуам ди сэлэтхэр хуэхьэзыр­тэкъым. ИкъукIэ гугъут а ма­зэхэр, ауэ сэлэтхэм я фIэщ ­хъурт текIуэныгъэр къызэрытхьыжынур, бийр идгъэкъэбзыкIыжу хуит дызэрыхъужынур», - жиIэгъащ Уэркъуасэм, илъэс куэд дэкIауэ и гукъэ­кIыжхэмкIэ и Iыхьлыхэм щадэгуашэм.
Хьэзрэт хэтащ Тэн (Дон), Псыжь (Кубань) я Iэхэлъахэм щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм, ЦIэмэз (Новороссийск) зыхъу­махэм… 1943 гъэм мазаем и пэщIэдзэм ди дзэ гупыр Но­вороссийск и ипщэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ бийм и щIыб, Мысхъэкъуэ (мысхъэ, дыкъуэнагъ - вяз) деж, щетIысэхащ, ЩIы МащIэкIэ зэджэм и хэ­щIапIэ нэхъыщхьэр яубыдри. Бийм и щIыб дыхьахэм яхэтт ­топгъауэ взводым и Iэтащхьэ Уэркъуасэ Хьэзрэти...
«Мазиблым къриубыдэу а тэхъуанэр ди зауэлIхэм яIыгъащ. ЩIыр мащIэт. Бийр Iэджэрэ къыттеуэну хэтащ - хы лъэны­къуэмкIи уэгумкIи. ЗэпэщIэтхэм ди зэхуаку лъэбакъуэ 30 - 40 хуэдиз дэлъу арати, псори нэгум къыIуидзэрт. Щэху щыхъу дакъикъэхэм зауэлIхэр я Iыхь­лыхэмрэ благъэхэмрэ яхуэтхэрт, гъащIэм нэхъыфI зэры­щы­мыIэр зыхащIэрэ зыхэт бэлыхьым къыхэкIыжыныр я гугъапIэу...», - игу къигъэкIы­жырт Уэркъуасэм.
ЩIы МащIэм щекIуэкIа зауэ гуащIэм зэрыхэтамрэ Новороссийск хуит къыщащIыжым къигъэлъэгъуа хахуагъэмрэ ­папщIэ, Уэркъуасэ Хьэзрэт къы­хуагъэфэщащ Вагъуэ плъыжь орденымрэ «ЛIыгъэм папщIэ» медалымрэ. Ар жыджэру хэтащ Темрыкъуэ (Темрюк), Те­мэн (Тамань) къалэхэр хуит къэ­зыщIыжахэм. Нэмыцэхэр икIуэ­тырт, псори къагъауэу, ягъэсу.
Хьэзрэт зи гугъу ищIыжахэм ящыщщ Полтавэ деж щекIуэ-кIа зэхэуэ гуащIэри. Старшина Уэркъуасэм и топгъауэ взво-дым абы танк зыбжанэ щызэтрикъутат. Къигъэлъэгъуа лIыгъэм къыпэкIуэу Хьэзрэт къы­хуагъэфэщащ Хэку ­зауэ орденым и I нагъыщэр.
Украинэр хуит къащIыжа нэужь, гвардием и старшина Уэркъуасэр, Богдан Хмельницкэм и орденыр зезыхьэ 305-нэ гвардием и топгъауэ полкым хэту, Польшэм фашистхэм ­ща­пэщIэтащ. Варшавэ нэмы­цэхэм апхуэдизкIэ зэтракъутати, абы зыгуэр щыбауэу уи нэгу къыщIэгъэхьэгъуейт, арщ­хьэ­кIэ полякхэр ди зауэлIхэм къапежьэрт, IэплIэ гуапэкIэ зы­къракъузылIэрт.
…Хьэзрэт зауэлIхэм я гъусэу КъухьэпIэмкIэ кIуэцIрыкIащ, Берлин нэсащ. КIыхьу зы­пэплъа ТекIуэныгъэм Уэркъуасэр щыIущIащ хуит къащIыжа Прагэ. Зауэ гуащIэм иужь мазэхэм Хьэзрэт къыхуагъэфэщащ дамыгъэ лъапIэхэр - «ЩIыхь» орденым и III нагъыщэр, «Варшавэ хуит къызэ­ра­щIыжам папщIэ», «Прагэ ­хуит къызэращIыжам папщIэ» медалхэр. Хахуагъэрэ лIыгъэ-рэ къэзыгъэлъэгъуа зауэлI ­къэ­мыланджэжым и архивым къы­хэнащ юбилей медалхэр, фIы­щIэ тхылъхэр, нэгъуэщI­хэри.
И къуэш Мухьэмэд зауэм зэ­рыхэкIуэдар абы къыщищIар дзэм къыхэкIыжу и лъахэм къэ­кIуэжа нэужьщ.
Зы махуи щысакъым зигъэпсэхуу, къызэрысыжу лэ­жьы­гъэм пэрыуващ. Уэркъуасэр колхозым и унафэщIу, ­къуажэ Советым и тхьэмадэу, хадэгъэкI бригадэм и Iэтащхьэу щытащ, иужьым «Лэскэн» сов­хозым Iэщым ехьэлIа и IэнатIэ нэхъ гугъум илъэс куэдкIэ пэ­рытащ.
Уэркъуасэ Хьэзрэтрэ и щхьэгъусэ Хужьпагуэрэ къуитIрэ пхъуихрэ зэдапIащ.
- Ди адэмрэ ди анэмрэ я ­жьауэм дыщIэтыжкъым, ауэ ахэр сыт щыгъуи гукIэ  тщIы­гъущ, абыхэм дызыщIапIыкIа, дызыхуагъэса хабзэм дытету дызэрыпсэуным яужь дитщ. Ди адэр сыт щыгъуи щIэхъуэпсырт игъэва зауэ гущIэ­гъуншэм хуэдэ зэи къэмы­хъужыным, цIыхухэр мамыру, зэгурыIуэу псэуным. Дэри ди бынхэр дгъэсащ, я лъахэр, ди къэралышхуэр фIыуэ ялъагъуу, - жеIэ Хьэзрэт и къуэ Хьэту (Виктор).
Хэку зауэшхуэр зэриухрэ илъэс 78-р йокIуэкI. Тхыдэр зэзыхьэкIыну хуейхэр къы­къуэкIми, дыщыпсэу къэралыр лъэщу, мамырыгъэр щытепщэу гъащIэм къызэрыпищэнур ди фIэщ мэхъу.
 

УЭРКЪУАСЭ Владимир. Лэскэн ЕтIуанэ къуажэ
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу