Я фэеплъыр лIэщIыгъуэхэм яхъумэ

Зы унагъуи щыIэу къыщIэкIынкъым Хэку зауэшхуэм ди къэралым къыщихьа ТекIуэныгъэм и гуа-щIэ хэмылъу. Бийр Хэкум къы­щытезэрыгуэм абы и цIыху­хэр зылI и быну зэ­къуэувэри, лейзехьэхэм ­псэ­е­мыблэжу япэщIэтащ. Щхьэ­хуит гъащIэм, мамыр псэу­­кIэм, щIэблэм я къэкIуэну дахэм папщIэ я псэр ятащ цIыху мелуан бжыгъэхэм. Абыхэм зэрахьа лIыхъужьыгъэм увыпIэ щхьэхуэ щеубыд тхыдэм.

ЛIыгъэрэ хахуагъэрэ къагъэлъагъуэу зи Хэкур зыхъу­мэжахэм яхэтащ Лэскэн рай­оным хыхьэ Хьэтуей жылэм щыщхэри. ЦIыху 360-рэ фронтым кIуащ, абыхэм ящыщу къэзыгъэзэжари мащIэ ды­дэщ. Жылэм къыдэнахэри зэралъэкIкIэ фронтым щыIэхэм ядэIэпыкъуащ шхынкIэ, щыгъынкIэ.
1942  гъэм  жэпуэгъуэм  и 26-м пщыхьэщхьэхуэкIуэу Хьэ­туей къуажэм нэмыцэхэр къы­дыхьащ. Жэщ-махуэ 69-кIэ бийм иIыгъащ жылэр, щIэп­хъаджагъэ куэди щалэжьащ, лей зэрахьэр ягу темыхуэу япэщIэувахэр яукIащ. Бийм я щхьэр хуамыгъэлъэхъшэн папщIэ зи псэр зытахэм ящыщщ Нот Машэ, ДзыхьмыщI Хьэ­мырзэ, Истепан Мухьэмэд, Шыд Хьэзешэ, ТемкIыж ­Щы­хь­­мырзэ сымэ.
1943 гъэм щIышылэм и 3-м ди сэлэтхэм къуажэр хуит къащIыжащ. ЕтIуанэ махуэм жы­лэдэсхэр нэмыцэхэм зэтра­къута колхозыр зэфIэгъэувэ­жыным жыджэру иужь ихьащ. Абыхэм фIыуэ къагурыIуэрт фронтым Iутхэр я дэIэпыкъу­ныгъэ зэрыхуэныкъуэр.
Хэкум и щхьэхуитыныгъэм къикIуэт ямыщIэу щIэбэнащ Хьэтуейм и щIалэ хахуэхэр. Абыхэм я цIэр уахътыншэщ, я лIыхъужьыгъэр ящыгъупщакъым.
Фочауэ ротэм и унафэщIу щыта лейтенант Тэрчокъуэ Абусуфян ПIытIэ и къуэр шы-нэ имыщIэу, зыхэт гупым ­щапхъэ яхуэхъуу щызэуащ Ипщэ-КъуэкIыпIэ, Дон, Кавказ Ищхъэрэ фронтхэм, Къры-мыр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэ-хэм къаIэщIэзыгъэкIыжахэми яхэтащ. Зэрихьа лIыгъэм пап­щIэ абы къыхуагъэфэщащ  Хэку зауэ орденым и япэ на­гъы­щэмрэ медаль зыбжанэрэ.
Пулемётыр зыгъауэ гупым я командиру щыта Къэжэр Тембулэт Ильяс и къуэр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм щапэщIэтащ Ростов областым, уIэгъэ хьэлъи къащIауэ щытащ. Бэ­ракъ Плъыжь орденыр, Хэку зауэ орденым и япэ нагъы-щэр, медалхэр хэлъу зауэ нэужьым къигъэзэжри, егъэджакIуэу лэжьащ.
Къанщыкъуей Уэхьид Уэлий и къуэр бийм езауэурэ нэсащ КъуэкIыпIэ Пруссием. ­Къигъэлъэгъуа и зэфIэкIхэм щхьэкIэ Бэракъ Плъыжь ор­деныр, Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэр, медаль зыбжанэ къыхуагъэфэщащ. Къан­щыкъуейр хэтащ ТекIуэныгъэм и парадым, 1945 гъэм мэкъуауэгъуэм и 24-м Москва щекIуэкIам. Зауэ нэужьым ар илъэс куэдкIэ щытащ къуажэ Советым и тхьэмадэу, «Шэчэр» колхозым и зыужьы­ныгъэми абы и гуащIэшхуэ хэлъщ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ Нало Ахьмэдхъани яхэтащ Хэкум и щхьэ­хуитыныгъэм щIэзэуахэм. Дзэм къулыкъу щищIэу зауэр къэхъейри, япэ махуэхэм къы­щыщIэдзауэ  абы и IэнатIэ ­нэхъ гугъухэм Iутащ. Зауэ гуа­щIэ куэдым хэтащ икIи щIалэщIэм шынэ, къикIуэт зымы­щIэ зауэлI хахуэу зыкъигъэ­лъэгъуащ. Зэрихьа лIыгъэм папщIэ абы къыхуагъэфэ-щащ Невский Александр и орденыр, Хэку зауэ орденым и япэ, етIуанэ нагъыщэхэр, Ва­гъуэ Плъыжь орденыр, медалу 14. «Нэхущ шу», «Псы Iуфэм Iут унэ цIыкIу» романхэр, повестхэр, рассказхэр зэрыт тхылъ зыбгъупщI зи Iэдакъэм къыщIэкIа тхакIуэ цIэрыIуэр илъэс куэдкIэ КъБКъУ-м егъэджакIуэу щылэжьащ.
Украинэр, Польшэр хуит къэзыщIыжахэм, бийр Берлин нэс зыхужахэм ящыщщ Бет­рожь Iэбубэчыр Хьэжумар и къуэр. Ар лIыгъэншэу зэры­щы­мытар и щыхьэтщ абы кърата дамыгъэ лъапIэхэр - «ЩIыхь» орденым и ещанэ нагъыщэр, Вагъуэ Плъыжь орденыр.
Мамыр гъащIэм папщIэ и псэр итащ Бэрау Къэралбий Хьэжумар и къуэм. Ар щызэуащ Ростов областым, Новороссийск къалэм и Iэгъуэблагъэм, лIыхъужьыгъэ къигъэ­лъагъуэу Керчь деж щыхэкIуэдащ. Абы къыхуагъэфэщащ Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэр.
Былымгъуэт СулътIан Хьэжбэчыр и къуэр 38547-нэ дзэ частым хэту зэуащ, орденищ къыхуагъэфэщащ: Хэку зауэ, Вагъуэ Плъыжь, Невский Александр и орденхэр.
ЩхьэщэмыщI Хьэжбий Къал­джэрий и къуэр зыхэхуа япэ зэхэуэ гуащIэхэр Ростов областым и Сальск губгъуэхэм щекIуэкIащ. ИужькIэ Ипщэ, Ипщэ-КъухьэпIэ фронтхэм дзэ къулыкъур щрихьэкIащ. Ар нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм ­щапэщIэтащ Венгрием и ­щIы­налъэми икIи 1945 гъэм лIыхъужьыгъэ къигъэлъа гъуэу хэкIуэдащ. Щхьэщэ­мы­щIым къратащ Вагъуэ Плъыжь орденымрэ медаль зыбжанэрэ.
Бетрожь Хьэжысмел ТIабы­шэ и къуэр Сталинград хуит къэ­­зыщIыжахэм ящыщщ, ап­хуэдэуи Харьков, Киев, Бухарест, Венэ, Будапешт къалэ-хэр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэ- хэм къы­­IэщIэзыгъэкIыжахэми яхэтащ. И лIыгъэм, и хахуа­гъэм къыпэкIуэу абы къратащ Хэку зауэ, Вагъуэ Плъыжь орденхэр.
Батальоным и комиссар, Калинин фронтым и 24-нэ фо­чауэ дивизэм хэта ДзыхьмыщI Батыр Хьэжбий и къуэр къимыкIуэту бийм пэщIэтащ, тIэу уIэгъэ хьэлъэ хъуауэ щытащ. Ар ягъэпэжащ Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэмрэ Вагъуэ Плъыжь орденымкIэ. Зауэ нэужьым абы къулыкъу щи­щIащ КъБАССР-м и МВД-м и органхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м юстицэмкIэ и министру, прокурору лэжьащ, республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и депутату щытащ.
1941 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм зауэм ираджащ Хьэ­туей курыт школым егъэджакIуэу щылэжьа Биту Нурхьэлий Пщымахуэ и къуэр. 1942 гъэм и гъатхэпэ мазэм уIэгъэ хьэлъэ хъуауэ щытащ, ауэ  нэхъыфI  зэрыхъужу  фронтым игъэзэжри, зауэр иухыху и дзэ къалэныр псэемыблэжу ирихьэкIащ. Къигъэлъэгъуа зэфIэкIым пэкIуэу абы къратащ Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэр, «ЛIыгъэ зэрызэрихьам папщIэ» медалыр.
Зауэ гъуэгуанэ кIыхьыр зэ­пичащ Тэрчокъуэ Хьэрун Безрыкъуэ и къуэми. 1941 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм щегъэ жьауэ зауэр иухыху ар щхьэ­мыгъазэу нэмыцэ зэрып­хъуакIуэхэм япэщIэтащ. Кольс­кэ хытIыгуныкъуэм, Румы­нием, Болгарием щызэуащ, тIасхъэщIэх хахуэу щытащ. Абы къыхуагъэфэщащ Хэку зауэ, Вагъуэ Плъыжь орденхэр.
ЛIыгъэ зэрахьахэм папщIэ дамыгъэ лъапIэхэр къыхуа­гъэфэщащ Хьэтуей къуажэм щыщ зауэлI хахуэ куэдым. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, Бетрожь Хьэсэн Джыранды­къуэ и къуэр (Хэку зауэ орденымрэ Вагъуэ Плъыжь орденымрэ), Истепан Хьэжсуф Мухьэрбий и къуэр (Бэракъ Плъыжь орденыр), ХьэщIэлI Хьэмзэт Булэт и къуэр (Хэку ­зауэ орденым и етIуанэ нагъыщэмрэ Вагъуэ Плъыжь ­орденымрэ), Серчэ Хьэжсет Мацэ и къуэр (Хэку зауэ ор­деным и япэ нагъыщэмрэ ­Вагъуэ Плъыжь орденымрэ), Нало Залым Алий и къуэр (ЩIыхь орденым и ещанэ нагъыщэмрэ Хэку зауэ орденым и етIуанэ нагъыщэмрэ), Хьэ­щIэлI Му­хьэмэд Хьэжрэт и ­къуэр (Хэку зауэ орденым и етIуанэ нагъыщэмрэ «ЛIыгъэ зэрызэрихьам папщIэ» медалымрэ), ­нэгъуэщIхэри.
Хахуэу зауэм хэтауэ зи цIэ ящымыгъупщэну лIыхъужхэр  и мащIэкъым Хьэтуей жы­лэжьым. Ахэр псори мы тхыгъэм къыщыдмыгъэлъэгъуэфами, шэч хэмылъу, абыхэм я цIэхэр тхыдэм къыхэнащ, я лIыхъужьыгъэр уахътыншэщ, я гъащIэр щапхъэщ, я фэ­еплъыр щIэблэм яхъумэу лIэщIыгъуэкIэрэ зэпхрахынущ.
 

ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.
Поделиться: