УхуэныгъэщIэм и лъабжьэр ягъэтIылъ![]() КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Урысейм и МВД-м Iуащхьэмахуэ районым щиIэ къудамэм и унэ яухуэнум и лъабжьэр щагъэтIылъым. КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ хабзэхъумэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я къалэнхэр тэмэму ягъэзэщIэнымкIэ, я Iэзагъэм хагъэхъуэным-кIэ, зыхуейхэмкIэ къызэгъэпэщыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Республикэм и Iэтащхьэм УФ-м и МВД-м и унафэщIым фIыщIэ хуищIащ апхуэдэ Iуэхухэм сытым дежи гулъытэ зэрыхуищIым папщIэ. КIуэкIуэ Казбек Урысей МВД-м Iуащхьэмахуэ районым щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэм ехъуэхъуащ республикэм щыпсэухэмрэ и хьэщIэхэмрэ я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыныр къалэн нэхъыщхьэу къыхуэзыгъэув я къулыкъур пщIэрэ щIыхьрэ яIэу ирахьэкIыну.
Поделиться:
Читать также:
12.11.2025 - 16:13 →
Хэку лъагъуныгъэр игъэнэхъапэу
11.11.2025 - 13:30 →
Фашизмэм и «напэр»
11.11.2025 - 13:10 →
Дахэ нэщэнэхэр къызытещхэр
11.11.2025 - 13:00 →
ЩIыуэпсым епха гъэщIэгъуэнхэр
11.11.2025 - 12:30 →
Кувейтым мэлъатэ
| ||




