ЛIыгъэм щIапIыкI

Звёзднэ поселкэм щыIэ Урысей гвардием и дзэ частым къулы­къур щезыхьэкIхэм «лIыгъэм и дерс» щрагъэкIуэкIащ ХьэтIохъущыкъуей дэт, Дыкъынэ З. Хь. и цIэр зезыхьэ кадет школ-интернат №1-м. Ар хуэгъэпсат я дзэ къулыкъур нэгъуэщI къэралым щрахьэкIыу хэкIуэда ди хэкуэгъухэм я фэеплъ махуэм.

ХьэщIэхэр кадетхэм яхутепсэлъыхьащ хамэ щIыпIэм зи къалэныр щызыгъэзэщIа я лэжьэгъухэмрэ дзэ къулыкъущIэхэмрэ ­къагъэлъэгъуа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ, апхуэдэуи документальнэ фильм ирагъэплъащ.
- Нобэ мыхьэнэшхуэ иIэщ сабийхэр я къэралыр, Хэкур фIыуэ ялъагъуу, ар бийхэм щахъумэну хьэзыру гъэсэным, - къыхигъэщащ сержант Куканьковэ Валентинэ.
БАХЪСЭН  Ланэ.

Поделиться:

Читать также: