ЛъэпкъыцIэр зымыгъэкIуэдыр

Адыгэ жьэгум и мафIэр Тыркум щигъаблэу, къызыхэкIа лъэпкъым щхьэкIэ и псэр итыну хьэзыру псэуащ тхыдэдж, хеттолог Чурей Алий. Ар иджыблагъэ дунейм ехыжащ илъэс 86-м иту. Куэдым къызэкъуамыхыфын къарурэ гулъытэрэ хэлъащ Алий, ныбжьэгъугъэм, къуэшыгъэм япэ иригъэщ зы Iуэхуи щымыIэу. Алий адыгэ тхыдэм хэлъхьэныгъэ куэд хуищIащ, хьетхэм я деж щегъэжьауэ къэхутэныгъэ куэд иригъэкIуэкIри, и лэжьыгъэхэр зэрыт тхылъ зыбжани къыдигъэкIащ. Тыркум ис адыгэхэм ящыщу абы и закъуэщ хьэттхэм тетхыхьыр, хеттологыу щыIэр. Псалъэ куэд къигъуэтыжащ абы хьэттхэмрэ нобэрей адыгэхэмрэ я бзэр зэрызэтехуэр, я зэхуаку дэлъ зэпыщIэныгъэр къигъэлъагъуэу.

А псом нэмыщIкIэ, Алий хэкужьым къэкIуэрейуэ щытащ и лъэм щызэрихьэм. Зи лъахэ исыж адыгэхэмрэ хамэ къэралхэм ипхъа хъуа ди лъэпкъэгъухэмрэ я зэхуакум гъуэгу гуэр дэлъыххэмэ, ар Алий фIыуэ ицIыхурт. Хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ зэпыщIа дыхъужыным, адэжь лъахэм щыIэ гуэр хамэщI исхэм къахуэсэбэпыным, абыхэм я хъыбаррэ я IуэхущIафэрэ дэ къытлъэIэсыным къару куэд ирихьэлIащ Алий блэкIа илъэсхэм. ИкIи, сэ къызэрыслъытэмкIэ, илъэси 150-рэ и пэкIэ зэпэIэщIэ хъуа лъэпкъыр зэрыгъуэтыжын папщIэ и щхьэкIэ, и унагъуэкIэ хузэфIэкI къигъэнакъым.

ГъэщIэгъуэн куэд къыпхуиIуатэрт Алий ущыбгъэдэсым деж. Абы къызжиIахэм щыщу мыхэр сигу къэзгъэкIыжынут.

 «Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси I50-м щIигъуащ, ауэ абы гуIэгъуэу къытхуихьар тщыгъупщакъым, уеблэмэ ар нэхъри къызэщIэстурэ йокIуэкI. Тхыдэм уриплъэжмэ, зы лъэпкъи щыIэкъым зэман зэхуэмыдэхэм бэлыхь хэмыхуарэ зауэ гуэр зымыгъэунэхуарэ. Дэ ди щхьэм кърикIуар абы едывгъэгъапщи, гъэунэхупIэшхуэ дыхэтащ, щыхупIэ шынагъуэм дыщхьэщытащ, ауэ дыкъелащ…

Тхыдэм къытхуихьа мыгъуагъэхэм нобэ дыщытепсэлъыхькIэ, зауэ мыгъуэр щекIуэкIа зэманым елъытауэщ Iуэхум дызэреплъын хуейр. БлэкIа лъэхъэнэмрэ нобэмрэ куэдкIэ зэщхьэщокI, ди псэукIэкIи, Iуэху зехьэкIэкIи, къэрал ухуэкIэкIи, технологиекIи нэгъуэщI хъуащ. Абы ипкъ иткIэ, дэ къытщыщIамкIэ нобэ зыри дгъэкъуэншэну дыхуиткъым. БлэкIар блэкIащ, къэкIуэнум ди Iуэху нэхъ къызэрикIынум хуэдэу дывгъэпсэуи нэхъыфIщ.

Зы мыIэрысэр тIууэ зэгуэгъэхуауэ фи нэгу къыщIэвгъэхьэт. Абы и джабитIым хуэдэу лъэныкъуитIкIэ гуэша дыхъуащ адыгэр - зыр хэхэсу, адрейр хэкурысу. Зы цIыхум и Iэпкълъэпкъым и ижьрабгъумрэ и сэмэгурабгъумрэ зэпэIэщIэу зэрихьэфынукъым, абы и IитIыр зэрызэдэмыIэпыкъуфым хуэдэу дэри дыкъарууншэщ. Зи щIылъэныкъуэр зыIэщIаха хэкурысри зеиншэщ, хамэ щIыпIэ ирадза Iэпкълъэпкъ ныкъуэри ибэ къабзэщ. Пэжщ, ди гур зэрыдгъэфIу щыIэр дызэкIэлъыкIуэн, дызэрыщIэн щхьэкIэ Iэмал нэхъыбэ диIэ зэрыхъуарщ, икIи хъарзынэу къыдохъулIэ ар. Фэри фыкъокIуэ, дэри дынокIуэ. Ауэ ди жагъуэ зэрыхъунщи, дэ дызэрыс къэралымрэ фэ фыщыпсэумрэ зэрызэпэIэщIэм хэкурысхэмрэ хэхэсхэмрэ зэмыщхь дещI, хабзэкIи псэукIэкIи тIэкIу дызэхуэмыдэж хъуащ. Ар гъэщIэгъуэнкъым. Илъэси I50-кIэ дызэпэIэщIэу дыпсэуащ. Уэшхышхуэ къешха нэужь, щIым и щхьэфэр зэрытрилъэщIыкIым хуэдэу, ди хабзэм и IэфIыпIэри зэманым щIилъэсыкIащ, ди бзэри нэхъ тIасхъэ хъуащ.

Ди тхыдэм хэта гуIэгъуэр дэ зэи тщыгъупщэнукъым, абы къикIыркъым зыгуэрым зыхуэдгъэгусэу, лъыщIэж дигу илъу е нэгъуэщIу. Зауэм кърикIуар тщIэн хуейщ, я нэхъ мащIэрамэ апхуэдэ бэлыхьлажьэ зэи къэдмыгъэхъун, зэпэщIэувэныгъэм къихь мыгъуагъэр щIэблэм ящIэн щхьэкIэ.

«Зэманыр гущIэгъуншэщ», - жысIэ зэпытщ сэ. Дэ абы дыхуэсакъын хуейщ, абы и жьым къытхуихьынур тщIэркъым. Илъэс бжыгъэкIэ дызэIэбэкIыжмэ, Совет властыр щызэхэщащэм дифI зыхэлъ Iуэху къыхэкIащ. IитIыр зэрымыIуэтмэ, зэрыщIэркъым жыхуиIэрати, къыдэбэкIымкIэ дызэдэгуашэу, ди щыщIэныгъэхэмкIэ дызэдэIэпыкъуу дыхъуащ. Хэкум къикI дэIэпыкъуныгъэрщ зи фIыщIэр ди сабийхэр адыгэбзэкIэ едгъаджэу, зэредгъэджэн диIэу зэрызэтедублэжар, ди анэдэлъхубзэмкIэ тхылъ, журнал хуэдэхэр къыдэдгъэкIыфу дызэрыхъуар. ДяпэкIэ зэманыр нэхъыфIыж хъуну сыщогугъри, зауэ-банэ хэмыту, цIыхухэм я зэхуаку пхъашагъ къыдэмыхъуэу, гумащIагъэкIэ дызэхуэупсэу дыкъызэдекIуэкIын хуейщ. Ди бзэр зетхьэфмэ, абы и мыхьэнэр къытщIэхъуэм къыгурыдгъаIуэмэ, фIы куэд кърикIуэнущ.

Жэщым уэгум итыр мазэм и закъуэтэмэ, вагъуэ быныр къепщIэпщIэкIыу щымытамэ, сытым игъэдэхэнт?! Сэ ЩIы хъурейм щыпсэухэр вагъуэмрэ мазэмрэ изогъэщхь. Лъэпкъышхуэхэм, технологие и лъэныкъуэкIэ хуабжьу зызыужьахэм нэхъ цIыкIухэр ямыгъусамэ, щIыгур апхуэдэу гъэщIэгъуэн хъуну пIэрэт?! Ауэ лъэпкъ цIыкIухэм нэхъ инхэр ягъэдэхэф щхьэкIэ, я закъуэ псэуфынукъым, а нэхъ зызыужьар - дыгъэм, мазэм хуэзгъадэр - щIымыгъумэ. Ар фIыуэ къагурыIуэу къысщохъу дэ дызыхэс тыркухэм я тхьэмадэхэм. Си гур егъэин адыгэр дызищIысыр, ди щхьэм кърикIуар, ди нэгу щIэкIа гуауэр абыхэм къазэрыгурыIуэм. Абыхэм зыхащIыкI, езыхэм хуэдэ цIыхуу дэри дызэрыщытыр, лъэпкъ, щIыгу, жьэгу диIэу дыкъызэрекIуэкIар, зэман гущIэгъуншэм дунейм дызэрытрипхъар. Сэ адыгэу сыкъалъхун щхьэкIэ Тхьэм селъэIуакъым, а лъэпкъым сыщыщу сыкъэхъуащи, си щхьэр ирисIэту, схузэфIэкI хуэсщIэу сыпсэуну сыхуейщ.

Тыркум щыпсэу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр иужьрей илъэсхэм хуит хъуащ я бзэр, я хабзэр, я щэнхабзэр зэрахьэжынымкIэ. А хъугъуэфIыгъуэхэр пхъумэмэ, уи щхьэр зыхуей хуэбгъэзэжыфынущ, уи лъэпкъыцIэр кIуэдынукъым, нэгъуэщIхэм уахэшыпсыхьыжынукъым. ЦIыхум акъыл иIэмэ, хэкIыпIэ къигъуэтыфынущ. Сыт хуэдэ хэкIыпIэ дэ дызыхуейр? Адыгэу дыкъэнэнращ ди хэкIыпIэр, абы папщIэ цIыху дебэнын, лъэпкъ гуэрым дыпэщIэувэн хуейкъым. Щхьэж и унагъуэ и анэдэлъхубзэр щызекIуэу, и хабзэр щызэрихьэу щытмэ, адыгэр зэи зыщIыпIи щыкIуэдынукъым».

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: