ГъащIэр ядэгъэпсынщIэныр нэхъапэщ

         Упсэуну гугъу хъуащ, щыжаIэ зэманым цIыхум щIэгъэкъуэн ухуэхъуным, гуапагъэ пщIэным псапэшхуэ пылъщ. Апхуэдэ Iуэхум нобэ зи зэманрэ къарурэ щымысхьу тезыгъэкIуэдэф бзылъхугъэхэм ящыщщ КъуэщIысокъуэ Зарэ. Ар яхэтщ республикэм и волонтёрхэм икIи мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэр къызэрегъэпэщ.

         2006 гъэм Зарэ ехъулIэныгъэ иIэу къиухащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым экономикэмкIэ и магистратурэр. Апхуэдэуи мы гъэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ етIуанэр абы щызэрегъэгъуэт КъБКъУ-м ПедагогикэмкIэ, психологиемрэ ФСО-мкIэ и институтым.

         - ЕтIуанэ IэщIагъэ схуэхъунум сыщегупсысым, цIыхур гъащIэм зэреплъымрэ ар зэрызыхищIэмрэ джыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр къэслъытэу, психологиер къыхэсхащ, - жеIэ Зарэ. - КъищынэмыщIауэ, си щIэныгъэм хэзгъэхъуэн мурадкIэ, «Къэрал, щIыпIэ унафэхэр зехьэн» Iуэхум ехьэлIауэ, ЭкономикэмкIэ школ нэхъыщхьэм сыщыхуеджащ «ЦIыхухэм зэрызыщIагъакъуэ Iуэхухэр къызэрызэрагъэпэщым и лъабжьэр» программэм.

         КъуэщIысокъуэр илъэс 12-кIэ «Ростелеком» АО-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм щылэжьащ, экономист къулыкъум къыщыщIэдзауэ инвестицэ Iуэхухэр зыубзыху гупым и унафэщIым деж щыщIэкIыжу. 2018 гъэм Зарэ банк Iуэхум зрипщытащ икIи мы зэманым «Россельхозбанк» АО-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и лэжьакIуэщ.

         Бзылъхугъэм 2018 гъэм сабий ныкъуэдыкъуэ зиIэ унагъуэхэм защIэгъэкъуэным теухуауэ игъэхьэзыра «СыбдэIэпыкъунущ» Iуэхур зэфIихащ.

         - Проектым и лъабжьэр  сабийр гъэсэным, цIыху хэтыкIэм ар хуэгъэхьэзырыным теухуауэ психологхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ адэ-анэхэм чэнджэщ иратынырщ. Ар къыддаIыгъащ «Ростелеком» IуэхущIапIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и унафэщI Мэшыкъуэ Барэсбий, «Шаг вперед» фондым, «СыбдэIэпыкъунущ» волонтёр зэгухьэныгъэм, нэгъуэщIхэми, - жеIэ Зарэ. - Дыхуейщ сабий псори нэжэгужэу, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ яIэу дунейм тетыну. АрщхьэкIэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, и узыншагъэм сэкъат иIэу къалъхуа сабийр щапI унагъуэр гугъуехьышхуэ пэщIоувэ, адэ-анэри щезэш къохъу. Апхуэдэм деж абыхэм зэрамызакъуэр къагурыдгъаIуэу щIэгъэкъуэн дахуэхъуныр куэд и уасэу къызолъытэ. Аращ мы Iуэхур къыщIызэзгъэпэщар.

         «СыбдэIэпыкъунущ» IуэхумкIэ зыщIагъэкъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу унагъуэ 52-м. Зарэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэр сэбэп зэрыхъуам и щыхьэтщ адэ-анэхэр а Iуэхум зэрыщыгуфIыкIар. КъищынэмыщIауэ, хъыджэбзым проектыр къыщигъэлъэгъуа зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм текIуэныгъэ къыщихьащ: «Доброволец - 2018 гъэ» зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэмрэ «Мэшыкъуэ – 2018 гъэ» щIалэгъуалэ зэхыхьэмрэ. Къыхэгъэщыпхъэщ, Урысейм щагъэзащIэ социальнэ проект нэхъыфIу 80-м ар зэрыхэхуари.

          Проектым ипкъ иткIэ мы зэманми лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI «Продвижение» ресурс центрым. Абы тхьэмахуэ къэс къокIуалIэ сабий ныкъуэдыкъуэ зыпI адэ-анэхэр икIи республикэм и психолог нэхъыфIхэм ящыщ Нэгъуей Будимир абыхэм пщIэншэу ядолажьэ.  

         «СыбдэIэпыкъунущ» проектым къищынэмыщIа, Зарэ «Россельхозбанк» IуэхущIапIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм къыщыдэлажьэхэр и дэIэпыкъуэгъуу, иригъэкIуэкIащ псапэ зыпылъ нэгъуэщI зы Iуэхуи. БалигъыпIэм нэмысахэм я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ «Нэмыс» центрым щрагъэкIуэкIащ ныбжьыщIэхэр зыщыгуфIыкIа «Ди IэкIэ телъыджэ къыдогъэщI» Iуэхур.

         «ИкъукIэ си гуапэ хъуащ си лэжьэгъухэм, ди унафэщI Сокъур Алим я пашэу, езгъэжьа Iуэхур къызэрыздаIыгъар. Шэч хэмылъу, адэкIи жылагъуэ лэжьыгъэм сыхэтыну си мурадщ, щIыналъэм щыпсэухэм я гугъуехьхэр ядэгъэпсынщIэным, я гъащIэр нэхъыфI щIыным цIыхубэм ди къарур  хуэдунэтIын хуейуэ къызолъытэри», - жеIэ Зарэ.

          

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: