Анэм теухуа гукъэкIыжхэр

Анэ… Сыту мыхьэнэшхуи иIэ, къаруушхуи щIэлъ хьэрфищ фIэкIа мыхъу а псалъэм. Анэмрэ бынымрэ яку зэ­пы­щIэныгъэ быдэ дэлъщ, ахэр зэ­пэIэщIэ щыхъуми, гухэр зэрощIэ, псэхэр зэры­Iыгъщ. Бынымрэ анэмрэ зэ­пызыщIэ ­къуэпсыр зэпызычыфын, яку дэлъ лъагъуныгъэр зыхуэгъэкIуэдын зы къаруи щыIэкъым.
ЗэрыжаIэу, цIыхур балигъ щыхъур и анэр дунейм щехыжа махуэрщ. Уи ныбжьыр хэкIуэтэхукIэ анэм ехьэлIа гукъэ­кIыжхэр нэхъ гуащIэ мэхъу, абы теухуа теплъэгъуэхэр нэгум щIэт зэпытщ. Сы­хуейт нобэ си анэм ехьэлIауэ гукъэкIыжхэмкIэ сывдэгуэшэну.

Ди анэ Молэ Бабыш Пагуэ и пхъур 1906 гъэм Дыгъужьыкъуей (Аушыджэр) къуа­жэм къыщалъхуащ. Ар Жыло­къуэхэ яп­хъущ. Псори дызэреджэу щытар Бабэщ. ЗэрыдимыIэжрэ илъэс щэщIым щIигъуами, и нэгум къищу щыта нурым ди унэр къигъэнэху зэ­пытщ.
Анэм и гум къыбгъэдэкI хуабагъэмрэ и псэм и IэфIагъымрэ дыщимыгъащIэу дыкъигъэхъуащ и бынищыр: сэрэ си шыпхъу­хэу Данизэтрэ Нуржанрэ. Дысабий дыдэу тфIэкIуэда ди адэм щIэныгъэ зэдгъэ­гъуэтыныр и уэсятти, тхылъым, еджэным дызэрыдихьэхыр ди анэм и гуфIэгъуэш­хуэт. Абы жиIэрт: «Сыту на­сыпышхуэу къы­щыхъунт фи адэм, иджыпсту фыкъилъэгъуамэ. Сэри си натIэм къритхар арати, си кIэтIийр си вакъэпсу фыспIащ, зеиншафэ къыфтезгъэуакъым». ТIэкIу гуп­сысэрти, адэкIэ къыщIигъурт: «Сэри латин хьэрфхэмкIэ седжэфу, сытхэфу сесат». ИкIи пэжт. Ди анэр 1914 гъэм Налшык къыщызэIуаха реальнэ училищэм щIагъэтIысхьат, ауэ и Iыхьлы нэхъыжьхэм ящыщ зым и унафэкIэ и еджэныр ­зэпы­уауэ щытащ - а зэманым нэхъыжьым и псалъэм къаруушхуэ иIэт.
Молэхэ я нысэ хъуа нэужь ди анэм нэмэз ищIу, нэщIу, КъурIэн еджэу псэуащ.
Иджыри хъыджэбздэсу ди анэр дэрбзэр IэщIагъэм хуэIэзэ хъуат. Телъыджэу абы и Iэпэм къыпыкIырт бухъар, упщIэ пыIэ­хэр, цей, бэлъто, джанэ, гъуэн­шэдж, джэлэфей, кIагуэ дыта, бостей, кIэ, плIэ, нэ­гъуэщI щыгъыныгъуэхэри. Ар зэхуэдэу Iэзэу ирилажьэу щытащ Iэрыгъадэ, лъакъуэрыгъадэ маршынэхэм. Ныкъусаныгъэ гуэр яIэ хъуа­мэ, ахэр зэпкърихырти, илажьэр зэхигъэкIырт, зыхуей хуигъэзэ­жыр­ти, иригъэжьэжырт.
Цы иджырт, ипщIырт, лъэпэд, цыджа­нэ, Iэлъэ, пщэдэлъ, лъей, гуэншэрыкъ, вакъэ зэщIэда, упщIэ вакъэ ищIырт, цыхъар, шылэхъар дэгъуэхэр и Iэпэм къыщIэкIырт. И нэр жант ди анэм. Махуэм колхозым щылажьэрт, пщыхьэщ­хьэм унэм къекIуэ­лIэжа нэужь унагъуэ къалэным щIидзэрт: фэтыджэным бжьэхуц шыхьа е хъыдан псыгъуэ кIапэ хилъхьэрти, абы иригъэщI нэхумкIэ пщафIэрт, жьыщIэрт, тхьэщIэрт, бзэрт, дэрт.
Сышхэну сытIысыху сигу къохьэж ди анэм ипщIэфIу щыта адыгэ шхыныгъуэ гуакIуэхэр. СщIэжыркъым зэгуэр шхын щIыIэ сигъэшхауэ. Ерыскъы къыдэмэ­щIэ­кIыр анэм и Iэм берычэт щIэхъу­кIырт. ИпщэфIым езым хишхыкI щыIэтэкъым. И гур егъэлеяуэ и быным хупихырт. Щыри дызэхуигъадэрт, зэры­хузэфIэкIкIэ. Ауэ сэ дагъуэ къысхуащIу фIэфIтэкъым: «Кхъы­Iэ, щIалэ закъуэм фытемыгуплIэ», - жиIэрти лъаIуэрт.
Анэр апхуэдэу къыщысщхьэщыж къэ­хъуми, зыри сщхьэщихыртэкъым. Лэ­жьыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм сыхуигъа­сэрт, гъащIэм сыхуригъаджэрт. Ди анэм и ущиехэр нобэми си гум илъщ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «ЦIыхум дахэу яхущыт», «Уи гъунэгъур уи гъуа­пэщ», «Къыуагъэза дзыхь умыIуатэ», «Хьэрхьупым япэ тэдж», «Нэхъыжь и ­гъуэгу зыпумыупщI», «Гъавэр умыутэ», «Пшхы хъун къызыпыкIэ жыг къыумыгъауэ», «Бзу абгъуэ уимыплъэ», нэ­гъуэщIхэри.
Анэм сеупщIурэ лъэпкъ къуэпсхэр зэпысщIэжын сфIэфIти, псэхугъуэ изгъахуэртэкъым. Зэи ешауи, фIэмыфIуи, зэман хуримыкъууи зыкъызигъащIэртэкъым. СыткIэ зыхуэзмыгъэзами, и жэ­уап­хэр хьэзырт, къыспэджэжырт. Езыр наб­дзэгубдзаплъэт, гурыхуагъ мы­кIуэ­щIыж бгъэдэлъти, куэд ищIэжырт. Мы­хьэнэ зиIэ гуэрхэм гу зэрылъыстэм щыгуфIыкIырт.
И адэшхуэ Жылокъуэ Адэлджэрий, Дыгъужьыкъуей къуажэм и старшынэу щытам, и шыфэлIыфэ, и теплъэ, и дуней тетыкIар фIыуэ ищIэжырти, абы ­теухуа хъыбар куэд къысхуиIуэтэжырт. Ди анэм зэрыжиIэжымкIэ, и адэшхуэр лIы щхьэ­пэлъагэтэкъым, цIыху хэщIы­хьакIи уеджэнтэкъым, къуэгъутэкъым икIи пшэртэкъым. И фэри илри зэкIу­жырт. Шым теIулIам ещхьу къикIухьырт. И кIэрахъуэм и бгырыпхыр хуришэхыу шы хужьым тест. НэкIухут. Нащхъуэт. НэкIущхьэплъ лъа­гъугъуафIэт. ЗэфIэкI иIэт, цIыхухэм пщIэ къыхуащIырт, и лэжьыгъэм къыпэкIуэу къратауэ пащтыхь дамыгъэ куэди иIэт.
Дунейм цIыхур къызэрытехъуэрэ анэм и бзэр и гъуэгугъэлъагъуэщ. Сэ ди анэм и бзэм и шэрыуагъыу щытар сIуатэ пэтми схуэухыркъым. И нэм илъагъур псалъэкIэ тынш дыдэу къыбгуригъэIуэфу шэрыуэу псалъэрт. И псалъэмакъым макъамэ щабэм хуэдэу ущIэ­дэIурт. Емыджа щхьэкIэ, ар усакIуэ, къэ­IуэтэжакIуэ, гъэсакIуэ, джэгуакIуэ Iэзэт. Абы и хъуэхъури, гушыIэри, ауанри, хъуэрыбзэри екIут, дахэт, ­зыщумыгъэнщIу уедаIуэрт. ТхьэлъэIу ­псалъэхэу куэдрэ къигъэсэбэпырт: ­«Жьы­кIэфэкIэм Тхьэм гущIэгъу къы­хуищI», «ЩIэблэм Тхьэм дунейм гу щригъахуэ», «Фи гуащIэдэкIыр псыкIэ Тхьэм имыщI», «Фи гъавэм Тхьэм берычэт хилъхьэ», «ЩIым и фIыгъуэм Тхьэм фыщимыгъащIэ», «Е зигу илъым Тхьэм къыхузэпимыщэ», «Фи гъуэгур Тхьэм фхуигъэнэху» жыхуиIэхэр.
Гущэкъу уэрэдхэр ищIэрт, езыми дахэу зэхилъхьэрт. «Ди къаз некIуэкIа», «Зы зимыIэм выжьитI иIэт» къебжэкIхэр ди анэм зэрыжиIэжу щытам хуэдэу зэи зыщIыпIи щызэхэсхакъым, тхылъми иту срихьэлIакъым. Анэдэлъхубзэм и къэуатыр бы­дзышэм хэту къытпкърилъхьащ. ЩIэблэм бзэр егъэджыныр IэщIагъэу и бынищми къызэрыхэтхар, шэч хэмылъу, зи фIыщIэр аращ.
 Ди анэм гъащIэм къыхиха жыIэгъуэу щиплIым щIигъу стхыжащ: «Анэм и псалъэ», «Анэм и макъ» фIэщыгъэхэр яIэу тхылъыпхъэу згъэхьэзырауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитарнэ къэ­ху­тэны­гъэхэмкIэ и институтым щIэлъщ. Ахэр щыIэхукIэ ди анэм и ущие Iущхэр иджыри щIэблэ куэдым зэхахынущи, си гур мэгуфIэ.

МОЛЭ СулътIан.
Поделиться: