ЩIыхъей бэлыхьым дигъэгуIащ

Ди жагъуэ зэрыхъунщи, 2023 гъэм мазаем и 6-м Тыркум адыгэхэр щыпсэу и щIыналъэхэри хиубыдэу къалипщIым нэблагъэ щIыхъей бэлыхьым хэхуащ, я псэуп1эхэр зэтрикъутащ, псэущхьэхэр щIиублэрэкIащ я Iыхьлы-благъэ, ныбжьэгъу-жэрэгъу куэди е хэкIуэдащ, е фэбжь хахащ. 

Адыгэ къуажэхэми, къалэхэм дэс ди лъэпкъэгъухэми щIыхъейм и фэбжьыр къалъэIэсащ. Дынэщхъейщ, ди лыр мэуз, ди псэр мэгуIэ, ди гум куэд щожьэ. ЛIахэм Тхьэм хьэдрыхэ нэху къарит, къэнахэми шэчыгъуафIэ ящищI, фэбжь хэзыхахэри икIэщIыпIэкIэ игъэхъуж.
ЩIыхъейм хэхуахэм сыткIэ дадэIэпыкъуфын жаIэри хэкурыси, хэхэси, дунейм и дэнэ щIып1и щыпсэу адыгэ псори мэгумахэ. Мы бэлыхьым къыхэк1к1э, адыгэхэр зэкъуэувэри, ди хасэхэр ди пашэу, щIыхъейм хэхуа ди лъэпкъэгъухэм сомкIи, ерыскъыкIи, щыгъынкIи, тепIэнщIэлъынкIи, зыхуэныкъуэну псомкIи дэIэпыкъуэгъу хуэхъуахэщ. ДэIэпыкъуныгъэм къызэрыпащэри ди гур зыгъэфIын зы Iуэхугъуэшхуэу къыдолъытэ. Зи гуащIэ, зи къару хэзылъхьэ псоми Тхьэм псапэу къаритыж, я фIыщIэр лъагэ ищI, Тхьэм иригъэфIакIуэ.
Зыми и гугъэнтэкъым адыгэ псори мыпхуэдизу зэкъуэувэфыну, зыгу-зыпсэ хъухэу я къарур зэхалъхьэфыну. Адыгэм хузэфIэкIым щыхьэт техъуащ щIыр зэрыхъейуэ Къайсэр дэс щIалэгъуалэ щитIым щ1игъу, пхъэр хъууэ, Джылахъстэней адыгэ къуажэхэм сыхьэт зыбжанэм зэралъэIэсыфар. 
Зи унэр зэтекъутахэм хуашащ нэхъ зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэр - тепIэн, щыгъын, ерыскъы, псы сытхэр. Унэ къэуахэм къыщIахыжа хьэдэхэр зыхуей хуагъэзащ. Фэбжь зыгъуэтахэри сымаджэщхэм нагъэсащ. КАФФЕД-ми, адрей зэгухьэныгъэхэми я жэрдэмым щIэт адыгэ хасэхэр зэхэша зэрыхъуам и щыхьэту жыпIэфынущ Тырку къэралыгъуэм и АФАД зэгухьэныгъэр (къэхъукъащ1эхэм пэщ1эт къэрал 1энат1э) адыгэхэм я лэжьэкIэм къызэрехъуэпсар. 
Къуажэм дэсхэм егъэзып1эхэр хуагъэуващ. Iэщ зезыхуэхэм я мэкъумылэр хузэтралъхьащ. Къалэхэм дэсу щIыхъейм псэууэ къелахэми щхьэж дэнэ къалэ хуейми зэрыкIуэфыным и Iэмалхэр къыхуагъуэтащ. Ахэр нэхъыбэу адыгэхэр щыпсэу къалэхэм, псалъэм папщIэ, Къайсэр, Анкара, Истамбыл, Токат, Самсун, нэгъуэщ1 къалэхэми яшэри, хуейр и Iыхьлы-благъэхэм я деж ирашэл1ащ, хэти фэтэр къыхуащтэурэ щIагъэтIысхьащ, языныкъуэхэми хьэщIэщхэр егъэзыпIэ хуащIащ. ЕджапIэ кIуэн хуей цIыкIухэри зыхуей хуагъэзащ.
Мыбыхэм нэмыщI, Адыгэ телевиденэм нэтынхэр къыщатащ, щIыхъейм цIыхубэм хаха фэбжьхэм ди псэкупщIэ узыншагъэр щызыхъумэн ущиехэр псэкъущIэныгъэлэжьхэм къаIуатэу. Унэ ухуэным хэт 1эщ1агъэл1хэми къытхуаIуэтащ щIыхъей бэлыхьым къелын, абы и зэранхэм пэувыфын сыт хуэдэ псэуалъэхэр тщIын хуейми, зыри хэмыкIуэдэн, фэбжь хамыхын папщIэ.
Мыр тщызыгъэгъупщэн гузэвэгъуэ ди лъэпкъым Тхьэм къримыткIэ.

НЭЗЭР Хьэмид, филологие щIэныгъэхэмк1э доктор. Тырку, Къайсэр къалэ.
Поделиться: