Адыгэ дамыгъэхэмрэ ныпхэмрэ

Нарт эпосым и купщIэр дунейм къызэрытехьэ лъандэрэ (илъэс минищ-минитху ипэкIэ) адыгэхэм къадогъуэгурыкIуэ дамыгъэкIэ зэджэр. Тхыдэр щыхьэт тохъуэ дамыгъэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэм. КъыщежьагъащIэм дамыгъэм и къалэныр IупщIщ: абыкIэ ягъэнахуэрт цIыхум бгъэдэлъ мылъкур – шым, Iэщым, хьэпшыпхэм, Iэмэпсымэхэм, Iэщэ-фащэхэм традзэурэ. Хуэм-хуэмурэ ар хъуащ лъэпкъым и дамыгъэ, и къалэнми зиубгъуащ. Дамыгъэр нэхъ иужьыIуэкIэ традзэ хъуащ ныпхэм. 
Дамыгъэр лъэпкъым и тхыдэ пэлъытэщ, абы уригъуазэмэ, белджылы пхуэщIынущ лъэпкъым къызэпича гъуэгуанэр. Адыгэхэм я къэрал, лъэпкъ дамыгъэм ныбжьышхуэ иIэщ, абы щыхьэт тохъуэ ди тхыдэмрэ ди бзэмрэ зыдж щIэныгъэлIхэр. 
«КъызэрахутамкIэ, илъэс минитху хуэдэ ипэкIэ дунейм къытехьащ пасэрей адыгэ лъэпкъхэм ящыщ зым, хьэтхэм, я къэрал дамыгъэр, нэгъуэщIу жыпIэмэ, гербкIэ зэджэр, - къыщокIуэ тхыдэдж Махъсидэ Анатолэ и къэхутэныгъэ тхыгъэм. - Абы и лъабжьэр щхьитI зыфIэт бгъэм и сурэтщ: бгъэр лъэныкъуитIкIэ (КъуэкIыпIэмрэ КъухьэпIэмкIэ) маплъэ, и лъэбжьанэмкIэ псэущхьитI (тхьэкIумэкIыхь) иIыгъщ. Фигу къэдгъэкIыжынщ хьэткIэ зэджэ пасэрей лъэпкъ лъэрызехьэр, илъэс минитху хуэдэ ипэкIэ иджырей Тыркум и ищхъэрэ къуэкIыпIэмкIэ зэрисар. Адыгэхэм лъыкIи бзэкIи я благъэ хьэтхэм къэралыгъуэ лъэщ яухуауэ щытащ, абы и къэрал дамыгъэр щхьитI зыфIэт бгъэм и сурэтырщ. 
Хьэтхэм къызэранэкIащ къэрал ныпи. Ныпым вагъуий хэщIыхьащ (хьэт лъэпкъхэм я зырыз). XIX лIэщIыгъуэм адыгэхэм зэрахьа лъэпкъ ныпми хэщIыхьащ вагъуэ сурэтхэр, ауэ абыхэм я бжыгъэр пщыкIутIым нэсащ – адыгэ лъэпкъ пщыкIутIым (шапсыгъхэм, абэзэхэхэм, натхъуэджхэм, бжьэдыгъухэм, кIэмыргуейхэм, беслъэнейхэм, хьэтыкъуейхэм, убыххэм, жанейхэм, къэбэрдейхэм, мэхъуэшхэм, мамхэгъхэм) я цIэкIэ. Адыгэ лъэпкъ ныпым шабзищи хэщIыхьащ, зэблэдзауэ; нобэ ар Адыгэ Республикэм и къэрал ныпщ.
Псори щыгъуазэщ адыгэ дзэпщхэм Мысырым (Египетым) къэралыгъуэ щаухуауэ зэрыщытам. Абы илъэси I35-кIэ (I382 гъэм къыщыщIэдзауэ I5I7 гъэ пщIондэ) щытепщащ адыгэ пащтыхьхэр (сулътIанхэр). Дэтхэнэ мамлюк дзэпщми пащтыхьми езым и дамыгъэ (герб) иIащ, абыхэми лъабжьэ яхуэхъуар пасэрей хьэтхэм къызэранэкIа дамыгъэхэрщ. 
Хьэт дамыгъэхэр, ЛопащIэ Нурдинрэ Хъуэткъуэ Самиррэ къызэрахутамкIэ, щапхъэ яхуэхъуащ пасэрей адыгэ лъэпкъхэм – зиххэмрэ синдхэмрэ, абыхэм къэрал дамыгъэу (гербу) зэрахьащ. Ардыдэм щыхьэт тохъуэ Борэ Аслъэн, Думэн Хьэсэн, Къэжэр Валерэ сыми. Абыхэм зэратхымкIэ, «Синдикэм (Тэман теса адыгэ къэралым) къалэ щIэращIэ куэд итащ, езым и ахъшэ пиупщIу, хы ФIыцIэм и Iуфэм Iус алыдж къалэхэм сату ядищIу щытащ». Илъэс щитхукIэ щыIа нэужь, гуащIэмащIэ хъури, Синдикэр Боспор къэралым хыхьэгъащ. Синдикэм и тепщэр пащтыхьт, езым и къэрал дамыгъэрэ ныпрэ иIэжу. 
Боспор къэралым и пащтыхьхэм я нэхъыбапIэр адыгэт е адыгэлъ зыщIэт адыгэ пхъурылъхут. Аращ абыхэм я къэрал дамыгъэр адыгэхэм я деж къыщежьауэ щIыщытыр. 
XVI - XVII лIэщIыгъуэхэм Къэбэрдейм зыужьыныгъэшхуэ игъуэтауэ щытащ. Ар зи фIыгъэр пщы цIэрыIуэ Иналрэ абы и щIэблэхэмрэщ. Абыхэми яIащ лъэпкъ (къэрал) дамыгъэрэ ныпрэ. Къэбэрдейм и тхыдэм фIыуэ щыгъуазэ Пожидаев В. П. зэритхымкIэ, «дзэм и пашэ пщым е уэркъым, зекIуэ щежьэкIэ, и ныпыр здрехьэжьэ, ныпым хэщIыхьащ дзэпщым и дамыгъэр». Апхуэдэ ныпхэм ящыщщ Инал и щIэблэхэм – Талъостэнхэрэ Джылахъстэнхэрэ – я ныпыр. 
Урыс дзэпщ Шаховский С. И. итхыгъащ «Черкасский Къундет и къуэ Чэлимэт и ныпым щIэта дзэм Алыджыкъуэпщым и дзэр зэхикъутащ», жери (1641 гъэм). Пожидаевым зи гугъу ищI адыгэпщ ныпхэм хуэдэ зэрихьащ Къэбэрдейм и иужьрей пщы уэлий Жанхъуэт Кушыку. Ныпым дыщэ IуданэкIэ хэщIыхьащ шабзэшитIрэ (зэблэдзауэ) вагъуищрэ (къэбэрдей пщыгъуэхэм я зырыз). 
Вагъуэ пщыкIутIрэ шабзэшищрэ зытет адыгэ лъэпкъ ныпыр, зэратхымкIэ, къыщежьар 1830 гъэрщ. Абы сурэт трищIыкIауэ щытащ инджылыз журналист Спенсер Эдмонд (I830 гъэм ар Кавказ зауэм хэт шэрджэсхэм я деж щыIащ, абыхэм ятеухуа гъуэгуанэ тхылъыр Спенсер I838 гъэм Лондон къыщыдигъэкIащ, тхылъ жинтым тетщ адыгэ лъэпкъ ныпым и сурэт). Вагъуэ пщыкIутIрэ шабзэшищрэ зытет ныпыр нэхъ щыцIэрыIуар кIахэ адыгэхэм я дежщ. Шапсыгъхэм нэгъуэщI теплъэ зиIэ ныпи зэрахьащ. Натхъуэджхэм зэрахьа ныпым тетар вагъуийрэ шабзэшищрэщ. 
Иван ЕплIанэм и зэман лъандэрэ урыс пащтыхьхэм адыгэпщхэм ныпхэр къыхуагъэхь зэпытащ. Абыхэм ящыщу нэхъ цIэрыIуэр пащтыхь Николай Езанэм 1844 гъэм къэбэрдей лъэпкъым къарита ныпырщ. А ныпым и щIагъым щIэту, къэбэрдей шу хахуэхэр Урыс-Тырку зауэми (I877 - I878 гъэхэм) Япэрей дунейпсо зауэми хэтащ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым автономие (къэралыгъуэ) иIэ хъуа нэужь, I937 гъэм мэкъуауэгъуэ мазэм и 24-м къащтауэ щытащ ди республикэм и япэ дамыгъэр (гербыр). 1997 гъэ пщIондэ абы и теплъэм зыбжанэрэ зихъуэжащ, а гъэм къащтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал дамыгъэр. Ар зыщIар сурэтыщI цIэрыIуэ Пащты Германрэ Аккизов Екъубрэщ. Республикэм и ныпыр I994 гъэм къащтащ. 
Зыгъэхьэзырар ТХЬЭХУЩЫНЭ Ланэщ.
Поделиться: