АДЫГЭ МАКЪАМЭМ И КЪАРУР

Тыркум къыщыхъуа щIыхъейм езыр къелри, и пшынэр хэкIуэдат Елхъуэн Абдулэхь. Абы къылъыса фэбжьыр и гум щигъэвыфын папщIэ хуэныкъуэт и пшынэм. Хуейт и гу лъапсэм щIэлъхэр пшынэ Iэпэхэм къаригъэIуэтэну. Арати, егъэзыпIэ хуэхуа хьэщIэщым щIэлъ пшынэр къыщыIэщIалъхьэм Абдулэхь ар игъэбзэрэбзащ, къедаIуэ, къеплъ псоми я гущIэм зигъазэу.
Абдулэхь и пшынэ еуэкIэм дихьэха, Америкэм щыпсэу ди лъэпкъэгъу Алпаслъэн Сумер пшынэ щIэрыпсышхуэ тыгъэу къыхуигъэхьащ абы.
Иджы Абдулэхь езым хуэдэу щIыхъей фэбжьым хэтахэм пшынэбзэкIэ я гур фIы яхуещIыж, цIыкIухэми инхэми я псэкъур зэтрегъэувэж.

 

НЭЗЭР Хьэмид.
Поделиться: