ЯукIа хьэмэрэ яIэщIэкIуэда?

Урыс усакIуэ цIэрыIуэ Лермонтов Михаил и кIуэдыкIам псори дыщыгъуазэ хуэдэщ. Ауэ иужькIэ къыкъуэкIыж тхыгъэхэм шэч уагъэщI абы и пэжыпIэр дымыщIэу, уеблэмэ политикэ Iуэху хэту ар яукIауэ. УсакIуэшхуэм теухуауэ урыс тхакIуэ Паустовский Константин и Iэдакъэ къыщIэкIа «Разливы рек» повестыр мыпхуэдэу еух: «Иужь дыдэу абы (Лермонтовым) гу зылъитаращ: Мартыновым и кIэрахъуэ уэ макъым щIыгъуу, Iуащхьэ зытетым и лъабжьэм щIэт чыцэ гуэрэным къыхэукIауэ къыфIэщIащ фоч уэ макъ». Паустовскэм щыгъуазэ дызыхуищIа мы Iуэхугъуэр щитхым тегъэщIапIэ ищIар зи гъащIэр Псыхуабэ щызыхьа Швамбергер и тхыгъэрщ, «Перкаль къырым пэгъунэгъуу къыщыхъуа гузэвэгъуэ» жыхуиIэращ. Абы зэрыщыжиIэмкIэ, зи лIэгъуэр къэблэгъа къэзакъ лIыжь гуэр кIуащ чристэн дин лэжьакIуэм деж, и щIалэгъуэм IэщIэщIа гуэныхьыр щхьэщихыну елъэIуу. Къэзакъым зэриIуэтэжымкIэ, и щIалэгъуэм щыгъуэ зэхищIыхьа щIэпхъаджагъэм щхьэкIэ суд Iуэху зримыгъэщIыну и командирхэм я унафэкIэ, чыцэм зыхигъапщкIуэри, иукIащ зы офицер гуэр, нэгъуэщI офицерымрэ абырэ щIакIуэ кIапэ зэдытеувауэ щызэпэувам ирихьэлIэу. Илъэс зыбжанэ дэкIа нэужьщ, къэзакъым къыщищIар абы IэщIэкIуэдар зэры-Лермонтовыр.

1950 гъэхэрщ мы хъыбарыр хэIущIыIу щыхъуар. Абы щыгъуэ а хъыбарым апхуэдизкIэ цIыху куэд къигъэубэлэцати, комиссэ щхьэхуэ къызэрагъэпэщауэ щытащ суд IэнатIэм пыщIа дохутырхэр, хирургхэр, тхыдэтххэр яхэту. А зэрызехьэр идеологие лъабжьэм хуашэну я гугъащ. Лермонтовыр ирагъэукIар пэжмэ, а Iуэхум и зэхэублакIуэу убж хъунут усакIуэр фIыуэ зымылъагъуу щыта пащтыхь Николай Езанэр. АрщхьэкIэ и щхьэкIэ зи гугъу щытщIа хъыбарыр комиссэм лъабжьэншэу къилъытащ. Идеологиер тегъэщIапIэ зыщIыну хэтахэм я мурадыр къемыхъулIэу пэжыр сэтей къэхъужа хуэдэт, ауэ Iуэхур и кIэм нэсу зэхэгъэкIа хъуакъым.

Джыназ Вяземский Павел мыпхуэдэ сатырхэр итхыгъащ: «Лермонтовыр зэраукIар къыщищIэм, Николай Езанэм жиIащ: «Хьэм игъуэтыжар хьэ лIэкIэщ». Ауэ пащтыхьым и шыпхъу Марие а псалъэхэр щызэхихым къызэщIэнащ икIи, и дэлъхум и жьэм къыжьэдэкIар и жагъуэ зэрыхъуар къригъащIэу, ней-нейуэ еплъащ. ИтIанэщ Николай Езанэм къыщыгурыIуар жимыIэпхъэ зэрыжиIар. И щыуагъэр игъэзэкIуэжын хьисэпкIэ, адрей пэшым щIыхьэри, пащтыхьым и макъым зригъэIэтащ: «Зиусхьэнхэ, хъыбар къызэрызагъэщIамкIэ, Пушкиным и пIэ иувэну дызыщыгугъар яукIащ».

Лейбгусар Лермонтовыр и къулыкъукIэ жыжьэ нэсыну къыщIэкIынут, 1837 гъэм Пушкин зэраукIам теухуауэ «УсакIуэм и лIэныгъэр» усэр и Iэдакъэ къыщIэмыкIамэ. Ар яхуэшхыдащ пащтыхьым и блыгущIэтхэм, «нэпсей гуп» яфIищри. Николай Езанэм тетхыхьакъым усакIуэр, ауэ апхуэдэ блыгущIэт зиIэ пащтыхьыр а къэзыухъуреихьхэм нэхърэ зэрымынэхъыфIыр щIагъыбзэу щIэлът усэм. Николай Езанэм щхьэжэ щыхъуащ Лермонтовым и IэдакъэщIэкIыр. ИкIи усакIуэр зыхэт гвардием къыхагъэкIри, Кавказым щыIэ армэм къагъакIуэ. Ауэ мазэ зыбжанэ нэхъ дэмыкIыу Бытырбыху къашэж зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ и анэшхуэм и фIыгъэкIэ. 1840 гъэм Лермонтовым итха щIэнэкIалъэр (эпиграммэр) щхьэусыгъуэ хуэхъури, ар щIакIуэ кIапэ ириджащ Франджым и посолу Урысейм щыIэм и къуэ Эрнест де Барант. А тIур щIызэфIэнар Пушкин щхьэкIэу яIуатэ, щIакIуэ кIапэ щызэдытехьар Чернэ речкэ псы цIыкIум дежщ. ТIуми фэбжь къыхамыхыу а Iуэхур зэфIэкIат, ауэ пащтыхьым унафэ ищIри, Лермонтовыр аргуэру Кавказым къагъэкIуащ. КъыздагъэкIуари пхыдзат, къулыкъу щыпщIэну нэхъ щIыпIэ шынагъуэхэм ящыщт.

ЖыпIэнуракъэ, мыпсэужми, нэрымылъагъуу Пушкиным икъутэрт абы ипIэ иува Лермонтовым и гъащIэр. Ахэр егъэлеяуэ зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ цIыхухэт, властым къалэмкIэ пэщIэтхэм хабжэрт, тIури щIакIуэ зэдытеувахэм яIэщIэкIуэдат. Пушкиныр къулыкъущIэ жьгъейуэ ябжырт. Лермонтовыр зауэлIт, офицерт. Пушкиныр цIыхубзхэм фIыуэ къалъагъурт, Лермонтовыр кърадзащэртэкъым. И гъащIэм и иужь илъэсипщIым Пушкиныр консерватор, империем и уэрэдус, пащтыхьым и дзыхь зригъэз цIыху хъуамэ, Лермонтовыр къэнащ оппозицэм и бэракъыу. Пушкиныр зэраукIам пащтыхьыр иринэщхъеящ, Лермонтовыр зэрыхэкIуэдам щыгуфIыкIащ.

КъыкIэлъыкIуэнущ.

Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу