Адыгэбзэм и щхьэхуэныгъэхэмрэ ар къазэрыщыхъумрэ

  1. Зыгуэрым зыщыхуэбгъазэкIэ, адыгэбзэм къригъэзэгъыркъым куэд бжыгъэ къэзыгъэлъагъуэ «фэ»-р къэбгъэсэбэпыныр (щыптхкIи ущыпсалъэкIи). Адыгэхэр я пщIэкIэ псори зэхуэдэу ябж.
  2. Адыгэбзэм, Кавказым ис адрей лъэпкъыжьхэми хуэдэу, тIощIырыбжэ бжэкIэр къигъэсэбэпырт. Абы и лъэныкъуэкIэ ар ирагъапщэ франджыбзэм - абыи апхуэдэ бжэкIэр къыхуэнащ Европэм щыпсэуа пасэрей кельтхэм я щIэину. Ауэ франджыхэр щыбжэкIэ 7-кIэ къыщIадзэ. Псалъэм папщIэ, 17-р абыхэм зэрыжаIэр пщIы-блыщ. ТIощIырыбжэр пасэрей бжэкIэщ.
  3. Языныкъуэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, адыгэбзэм къуэкIыпIэ бзэхэм пыщIэныгъэ хуиIэщ. Ар японыбзэми зэрырагъэщхь гуэрхэр щыIэщ. Щапхъэ къэтхьынщи, тхыбзэ и лъэныкъуэкIэ, адыгэбзэм «къыпхуэсхьынукъым» щыжытIэкIэ, мыхъуныгъэр къэзыгъэлъагъуэр и кIэмкIэ щытщ. Японыбзэми аращ. Къапщтэмэ, гупитIу гуэшащ: къуэкIыпIэ адыгэбзэрэ къухьэпIэ адыгэбзэрэ. КъуэкIыпIэ гупым бзитI хэтщ: къэбэрдеибзэрэ беслъэнеибзэрэ. Беслъэнеибзэр къэбэрдебзэм къытекIащ ди лъэхъэнэм и пщыкIух лIэщIыгъуэм.
  4. Къэбэрдеибзэр литературэбзэхэм ящыщ зыщ. Ар Къэрэшей-Шэрджэс Республикэми я литературэм и лъабжьэщ. Къэбэрдеибзэм «шэрджэсыбзэ»-кIи щеджэ щыIэщ.
  5. КъухьэпIэ адыгэбзэм зэреджэр адыгеибзэщ (Адыгэ Республикэм къыщекIуэкI адыгэбзэр аращ). Езы къухьэпIэ адыгэбзэр диалект зыбжанэу гуэшащ: кIэмыргуей, абэзэхэ, бжьэдыгъу, мэхъуэш, шапсыгъ, агуей, хьэтыкъуей, натхъуэдж, жаней, мамхэгъ, нэгъуэщIхэри. КъухьэпIэ адыгэ лъэпкъхэм диалект щхьэхуэ яIат. Ауэ адыгэ-урыс зауэм дэкIуэдащ мы диалектхэм я нэхъыбэр. Абы къищынэмыщIауэ, адыгэ лъэпкъ зыбжанэ бзэхыжащ. Адыгеибзэм и лъабжьэр кIэмыргуей диалектыр аращ. Бжьэдыгъу икIи шапсыгъ псалъэ куэд хохьэ адыгейбзэм и литературэм.
  6. Къэбэрдейм диалектиплI щызокIуэ: Бахъсэн, Балъкъ, Тэрч, Шэджэм. Мыхэри Къэбэрдей щIыгум и псышхуэхэм я цIэхэм къытекIащ. Къэбэрдей ЦIыкIум щызэрахьэ бзэм и цIэр «джылахъстэнеибзэр». Абы къыхэкIыу щIыналъэм и къуажэ къэс езыхэм я псэлъэкIэрэ псалъэхэм ират мыхьэнэрэ щаIэж щыIэщ.
  7.  Шэрджэсыбзэр бджа нэужь, дунейм нэхъыбэу къыщагъэсэбэп адрей бзэхэр тынш дыдэу къыпщыхъуну къалъытэ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: